и 12 лъандэрэ къыдокi...

4
Черкесия 1924 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым) и 12 лъандэрэ къыдокI 2017 гъэ, жэпуэгъуэм (октябрым) и 26, махуэку №86 (13242) Сочи къалэм щызэхаша, щIалэгъуалэмрэ студент- хэмрэ я XIX Урысейпсо фестивалыр дахэу, зэпэщу екIуэкIащ. Сочэдэсхэм я дежкIэ щIэщыгъуэу пхужы- Iэнукъым щIалэгъуалэ мин 30-м щIигъу щызэхуэса зэхыхьэшхуэр. ЩIымахуэ Олимп джэгухэм хэта во- лонтерхэм еса-есауэ хьэ- щIэхэр кърагъэблэгъащ, зы- хуей Iуэхутхьэбзэхэр хуа- щIащ. Фестивалым хэта щIа- лэгъуалэм къызэралъытэм- кIэ, ар хуабжьу Iэмал гъуэ- зэджэщ зыпэрыт IэщIагъэ елъытауэ я Iэзагъым ха- гъэхъуэнымкIэ, зэрыцIыху- нымкIэ, лъэпкъ зэхуэмы- дэхэм я щэнхабзэр ягъэ- лъэгъуэнымкIэ, ныбжьы- щIэ зэчиифIэхэм я проект- хэр гъащIэм хэпща хъуным- кIэ. А псоми къадэкIуэу ди къэралым, дызыщыпсэу Кав- каз дахэм цIыху мин бжы- гъэм зыщаплъыхьри, мел- уан бжыгъэми ялъагъу- жащ. Къыхэдгъэщынщи, фес- Къэрэшей-ЧерКеСым и Правительствэм и Унэм деж республикэм егъэджэ- ныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министерствэм и колле- гием и зэIущIэ иджыбла- гъэ щызэхэтащ. Ар къызэ- Iуихащ икIи иригъэкIуэ- кIащ ведомствэм и уна- фэщI Кравченко Иннэ. Къэрэшей-Черкесыр къы- зэрагъэщIрэ илъэс 25-рэ зэрырикъум ехьэлIауэ ди хэгъуэгум и Iэтащхьэм къы- бгъэдэкIа юбилей бгъэхэ- Iумрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ министрым яритыжащ егъэ- джэныгъэмрэ гъэсэныгъэ Iуэхумрэ нэхъ къыхэжаны- кIа егъэджакIуэхэм. Ди гуа- пэ зэрыхъущи, апхуэдэ гу- лъытэ зыгъуэтахэм ящыщщ Хьэбэз къуажэм дэт, «Нур» сабий IыгъыпIэм и лэ- жьакIуэ шыбзыхъуэ Люд- милэ. ИужькIэ зэIущIэм щыхэ- плъащ Iуэхугъуэ зыбжа- нэм. Апхуэдэу, коллегием хэтхэр тепсэлъыхьащ ди хэгъуэгум щылажьэ, ику ит профессиональнэ еджа- пIэхэм 2017-2018 гъэ еджэ- гъуэм приемнэ кампаниер зэрыщекIуэкIам, сабий зе- иншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэ щIэмытхэмрэ я хуитыны- гъэр хъумэнымкIэ къэрал политикэр зэрагъэзащIэм, сабийхэм гъуэгум щыхах фэбжьхэм, апхуэдэ насы- пыншагъэр къэмыгъэхъу- ным папщIэ ялэжь Iуэху- гъуэхэм яхьэлIа упщIэхэм. Япэ упщIэмкIэ доклад къищIащ Къэрэшей-Черке- сым егъэджэныгъэмрэ щIэ- ныгъэмрэкIэ и министрым и къуэдзэ Карасовэ Заирэ. Абы зэрыжиIамкIэ, 2017- Сочи къалэ тивалым ипкъ иту утыку зэхуэмыдэхэр къызэIуа- хащ. Ахэр творческэ, спорт, щэнхабзэ, политикэ, нэ- гъуэщIхэми яхуэгъэзауэ щы- тащ, щIалэгъуалэр мастер- классхэм хэтащ, цIыху цIэ- рыIуэхэм яхуэзащ. Апхуэ- дэу, жэпуэгъуэм (октябрым) и 21-м щIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ яIущIащ Уры- сейм и Президентым и лIыкIуэу Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ щIыналъэм щы- Iэ Белавенцев Олег, Ингу- шым, Ищхъэрэ Осетие-Ала- нием, Къэрэшей-Черкесым я Iэтащхьэхэу евкуров Юнус-Бек, Битаров Вячес- лав, Темрезов рэшид сымэ. Ахэр СКФО-м и хэгъуэгу- хэм къагъэлъэгъуа экспо- зицэхэм еблэгъащ. Уры- сейм и щIыналъэхэм я лIы- кIуэу фестивалым хэтахэм хьэщIэхэр щагъэгъуэзащ зыщыпсэу республикэм зэ- рызиужьым, проект ща- гъэзащIэхэм, езыхэм яIэ творческэ мурадхэм, нэ- гъуэщIхэми. Белавенцев Олег щIа- лэгъуалэмрэ Къэрэшей- Черкесым, Кърымым, Ингу- шым, Ищхъэрэ Осетие- Аланием я унафэщIхэмрэ купщIафIэу япсэлъащ. Тем- резов рэшид жиIащ фести- валым щрагъэкIуэкIа ма- хуэхэр ныбжьыщIэхэм я гум къызэринэжынур, адэ- кIэ зэлэжьыну лэжьыгъэр мыбдеж зэрагъэбелджы- лынур и фIэщ зэрыхъур. — Урысейм и хэгъуэгу- хэм я экспозицэхэр къы- щызэхэткIухьым, ахэр къэ- зыгъэлъэгъуа щIалэгъуа- лэм дайпсэлъащ, я мурад- хэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ зы- щыдгъэгъуэзащ. ИкIи, жыс- Iэну сыхуейщ, ахэр псори зэчиифIэхэщ, гугъэфIхэр зи- Iэщ, къэкIуэныфIкIэ узы- щыгугъ хъунущ. Уи лъэ- кIыныгъэхэмрэ ббгъэдэлъ зэчиймрэ къыбгурыIуэжу, ипэкIэ укIуэтэн, текIуэны- гъэм ухуэкIуэн хуейщ — аращ икIи фестивалым и мурад нэхъыщхьэр. мып- хуэдэ махуэщI хьэлэмэтым хэтыну зи насып къи- хьахэм иджыри зэ сыво- хъуэхъу ехъулIэныгъэкIэ! Къэрэшей-Черкесым и ны- бжьыщIэхэми зыфхузогъа- зэ — фIэщхъуныгъэ зыхэв- гъэлъ, итIанэ, Iэмал имы- Iэу, фызыхуейр къывэхъу- лIэнущ, — жиIащ Темре- зов рэшид. Фестивалыр зэрызэхуа- щIыж махуэщIым хэтащ Урысейм и Президент Путин Владимир, Бела- венцев Олег, ди къэралым и хэгъуэгухэм я Iэта- щхьэхэр. ЩIалэгъуалэмрэ студент- хэмрэ яхъуэхъуащ Путин Владимир икIи фIыщIэ яхуищIащ форумым къе- блэгъа хьэщIэхэм. — ФыкIуэжми, фи гум щыщ Iыхьэ мыбдеж къы- щывгъэнэнущ. Ауэ, Уры- сейр зэи фигу икIыжы- нукъым. Апхуэдэу зэрыщы- тынур ди фIэщ мэхъу! — Путин Владимир захуигъэ- защ хьэщIэхэм. Зыгъэхьэзырар ЕЗАУЭ Маринэщ Путин Владимир и «накъыгъэ» Унафэхэр гъэ- зэщIэнымкIэ УФ-м и хэгъуэгу ТОП-10-м Къэ- рэшей-Черкес республикэм е 7-нэ увыпIэр щиу- быдащ. е 1-нэ увыпIэр— Приморск крайм, е 2-нэр — Тамбов областым, е 3-нэр — Омск областым, е 4-нэр — Коми, е 5-нэр — Дагъыстан республикэм, е 6-нэр — Ханты-мансийск АО-м, е 8-нэр — мур- манск областым, е 9-нэр — Ленинград облас- тым, е 10-нэр — Ульяновск областым яIыгъщ. КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-къулыкъу Мы махуэхэм Къэрэшей- Черкес Республикэм и Iэта- щхьэ Темрезов Рэшидрэ Рос- тов областым и губернатор Голубев Василийрэ лэжьы- гъэ IуэхукIэ Черкесск къа- лэм щызэIущIащ. ХэгъуэгуитIым я унафэщI- хэр нэхъыщхьэу зытепсэлъы- хьар дяпэкIэ я зэпыщIэныгъэр зэраухуэнращ. Апхуэдэу, и гугъу ящIащ промышленность, мэкъу- мэш хъызмэт, социальнэ, ту- ризм я лъэныкъуэкIэ хэгъуэгу- хэр зэрызэдэлэжьэным. Голубев Василий уасэшхуэ хуищIащ Къэрэшей-Черкесым и турист инфраструктурэм зэ- рызиужьам, зыгъэпсэхупIэ щIы- пIэхэр зэрефIакIуэр, хабзэфI хъуауэ ростов областым щыщ турист куэд ди хэгъуэгум къызэрекIуалIэр къыхигъэщащ. Темрезов рэшид жиIащ хэ- гъуэгуитIым я унафэщIхэм я зэIущIэм Къэрэшей-Черкесым- рэ ростов областымрэ я лэ- жьыгъэ, щэнхабзэ зэпыщIэны- гъэм зиужьынымкIэ сэбэп къы- хэкIыну зэрыщыгугъыр. Къыхигъэщащ хэгъуэгухэм нобэкIэ экономикэ, социаль- нэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэ куу яку зэрыдэлъыр. 2018 гъэ еджэгъуэм ику ит профессиональнэ еджа- пIэхэм студент мини 7-м щIигъу очнэу щIэтIысхьащ. Ауэ, жиIащ мы гъэ еджэ- гъуэм, нэгъабэ елъытамэ, бюджет мылъкукIэ ику ит профессиональнэ IуэхущIа- пIэхэм щеджэну щIэтIыс- хьа ныбжьыщIэхэр про- центи 6-кIэ нэхъ мащIэ зэрыхъуар. Арами, мыбюд- жет мылъкукIэ еджэ сту- дентхэм ехъуащ. Къапщтэмэ, 2017 гъэм жэпуэгъуэм (октяб- рым) и 1-м ехъулIэу, ику ит профессиональнэ егъэ- джэныгъэ IуэхущIапIэхэм ныбжьыщIэхэр къешэлIэ- ным ехьэлIа программэр процент 87-кIэ дгъэзэ- щIащ. Студентхэм нэхъы- бэу къыхахар педагог, ме- дицинэм и лэжьакIуэ, пщэ- фIакIуэ IэщIагъэхэращ. Къы- хэгъэщыпхъэщ, мыпхуэдэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ- хэм ныбжьыщIэхэр нэхъ къыщIэупщIэ зэрыхъуар. Абы и щхьэусыгъуэ нэ- хъыщхьэхэм ящыщщ мы гъэм нэгъуэщI IэщIагъэ- щIэхэри къызэрыхыхьар, — жиIащ Карасовэ Заирэ. Кравченко Иннэ ар ехъу- лIэныгъэфIу къилъытащ икIи жиIащ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, абы нэ- гъэсауэ ирилажьэ, ику ит щIэныгъэ зиIэ IэщIагъэлI- хэм ди хэгъуэгур зэрыхуэ- ныкъуэр. Апхуэдэу, мы гъэм сту- дентхэр куэду къыздекIуэ- лIа ику ит профессиональ- нэ еджапIэу къыхагъэщащ Черкесск къалэм дэт тех- нологическэ колледжыр. КъинэмыщIауэ, респуб- ликэм и къалэхэмрэ рай- онхэмрэ егъэджэныгъэм- кIэ и къудамэхэм я уна- фэщIхэр къыщыпсалъэм, къыхагъэщащ еджакIуэхэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар. Абы и щыхьэтщ курыт еджапIэ зэхуэмыдэхэм е 10-11-нэ классхэр зэрыщымыIэр. Пса- лъэм папщIэ, Черкесск къа- лэм дэт зи №№ 4, 18 ку- рыт еджапIэхэм апхуэдэ нэхъыжь классхэр щеджэ- къым. етIуанэ упщIэмкIэ сабий зеиншэхэмрэ адэ- анэм я нэIэ щIэмытхэмрэ я хуитыныгъэр хъумэным- кIэ къэрал политикэр зэ- рагъэзащIэм теухуауэ къэпсэлъащ Къэрэшей му- ниципальнэ районым егъэ- джэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Хатуевэ Зуридэ. Абы зэрыжиIамкIэ, райо- ным сабий зеиншэу 52-рэ щыщIэтхащ. Абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи гулъытэ ирагъэгъуэт. КъинэмыщIа- уэ, адэ-анэ къызыщхьэщы- мытыж сабий 20-м псэупIэ зрагъэгъуэтыну учет щытщ. (КIэухыр е 2-нэ напэм итщ) ЗэIущIэ Ущыпсэуным темыгъэ- псыхьыжа унэхэм щIэс цIыхухэр гъэкуэшыным, псэупIэ-коммунальнэ хъыз- мэтым и хуэIухуэщIэхэм фIагъ яIэу жылагъуэм янэ- гъэсыным, нэгъуэщI уп- щIэхэми теухуауэ щытащ иджыблагъэ УФ-м ухуэ- ныгъэмрэ псэупIэ-комму- нальнэ хъызмэтымрэкIэ и министрым и къуэдзэ Чи- бис Андрей иригъэкIуэкIа селектор зэIущIэр. ЗэIущIэм и лэжьыгъэм хэтащ КъЧр-м ухуэныгъэм- рэ псэупIэ-коммунальнэ хъыз- мэтымрэкIэ и министр Гор- диенко евгений. Къалэ, район администрацэхэм къа- бгъэдэкIа лIыкIуэхэр, про- ект зэхуэмыдэхэр пхыры- зыгъэкIхэр. Жьы хъуа унэхэм щы- псэухэр псэупIэ тэрэзкIэ къызэгъэпэщыным теухуа программэм ипкъ иткIэрэ, ди республикэм цIыху 1559-рэ псэупIэщIэхэм куэ- шыжащ. Ахэр жьы хъуа унэ 93-м, метр зэбгъузэ- натIэ мин 17,9-м щыпсэ- уащ. Программэр Къэрэ- шей-Черкесым пIалъэр къэ- мысу, 2016 гъэм игъэзэ- щIащ. НобэкIэ реестр зэхагъэ- увэ. Абы щагъэнэIуэнущ 2012 гъэм щIышылэм и 1-м и ужькIэ жьы хъуауэ къалъыта къат куэду зэ- тет унэхэр. Абы папщIэ комиссэ къызэрагъэпэща- уэ, щIэплъыкIыныгъэхэр ирагъэкIуэкI. «Комфортная городская среда» программэм ехьэ- лIауэ Гордиенко евгений зэрыжиIащи, Черкесск къа- лэм деж пщIантIэхэр щы- зэгъэзэхуэжынымкIэ лэ- жьыгъэхэр фIыуэ зэкIэ- лъыкIуащ, ахэр и кIэм на- гъэс. Лъэс зекIуапIэхэр 2012 гъэм щIышылэм (январым) и 1-м щегъэжьауэ жьы дыдэ хъуауэ, ущыпсэу мыхъужыну къалъытауэ КъЧР-м ит, къат куэду зэтет унэхэм ятеухуа реестр зэхагъэувэ. Апхуэдэ лэжьыгъэр жьы хъуа унэхэм щы- псэу цIыхухэр псэупIэ тэрэзкIэ къызэгъэпэщыным теухуа къэрал программэм ипкъ иту ирагъэкIуэкI. ящIащ, пщIантIэхэм ас- фальт иралъхьащ, паркхэр, скверхэр зэрагъэзэхуэжащ, къагъэунэхуащ. Апхуэдэу, Доватор и цIэр зезыхьэ уэрамым щи- Iэ аллеер зэрагъэзэхуэжащ, Iуэхухэр зэнагъэсыпащ. Лъэс зекIуапIэхэр ящIащ, бор- дюрхэр яухуащ, удз гуэ- рэнхэр, гъэгъахэр щагъэ- кIыну щIыпIэхэр ягъэхьэ- зыращ. Аллеери, Iэхэлъа- хэри щхъуантIагъэхэмкIэ ягъэдэхэжынущ щакIуэгъуэ (ноябрь) мазэм къриубы- дэу. мы гъэм жэпуэгъуэм и кIэм ехъулIэу пщIантIэхэм- рэ цIыхухэр куэду щызэ- хуэс щIыпIэхэмрэ зэрагъэ- зэхуэжынущ, ирагъэфIэкIуэ- нущ. ТУАРШЫ Ирэ Хьэбэз районым хы- хьэ ПсэукIэ-Дахэ къуажэм дащIыхь, «еджапIэрэ са- бий IыгъыпIэрэ зэхэту» егъэджэныгъэ IуэхущIа- пIэм и ухуэныгъэр къы- зэтеувыIэкъым. Мы Iуэху- щIапIэр ятегъэпсыхьащ еджакIуэ 264-м, сабий 75-м. мы махуэхэм КъЧр-м ЖКХ-мрэ ухуэныгъэмрэкIэ и министр Гордиенко ев- гений я пашэу, «Дирекция капитального строительст- ва» IуэхущIапIэмрэ подряд- нэ организацэмрэ я лIы- Социальнэ IуэхущIапIэхэр кIуэхэм зрагъэлъэгъуащ «еджапIэрэ сабий Iыгъы- пIэрэ» IуэхущIапIэм и ухуэ- ныгъэр зэрекIуэкIым. НобэкIэ мы IуэхущIа- пIэм и ухуэныгъэ-монтаж лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIащ, унащхьэр тралъхьэ, жы- джэру ягъэщIэращIэ Iуэху- щIапIэр къэзыухъуреихь щIыпIэр, щIыгум асфальт- бетон ягъэтIылъ. еджапIэм и кIуэцIым иращIылIэн хуей Iуэхухэр, инженер зэпы- щIэныгъэхэр зэлъэщIагъэ- хьэ. КъызэтеувыIэкъым са- «ТурСтат» аналитическэ агентствэм къипщытащ Урысейм деж щыIэ щIымахуэ зыгъэпсэхупIэ нэхъы- фIи 10-р. Апхуэдэуи, цIыху нэхъыбэ здекIуалIэ зы- гъэпсэхупIэхэр сэтей къащIащ. «ТурСтат»-м къихьа бжыгъэхэм тепщIыхьмэ, Урысейм щыпсэу цIыху мелуани 4-м щIымахуэм бгы- лъэрыжэкIэ къажыхь, сноубордым дехьэх. Апхуэдэуи, ди къэралым деж цIыхухэм я щIымахуэ зыгъэпсэху- гъуэр здыщагъакIуэ щIыпIэхэм я бжыгъэр 300-м фIокI. Уеблэмэ, бгы-лъэрыжэм, сноубордым дихьэххэм я бжыгъэм гъэ къэскIи процент 15-кIэ хохъуэ. Гуапэ зэрытщыхъуну, Урысейм щIымахуэ зыгъэпсэ- хугъуэ пIалъэр нэхъыфIу здыщыбгъэкIуэну щIыпIэу къалъытаипщIым яхэхуащ, 2016-2017 гъэ пIалъэм къриу- быдэу цIыху мин 400-м зыздагъэпсэхуа, рейтингкIэ еплIанэ увыпIэр къэзылъэща Домбай жылагъуэр. КъинэмыщIауэ, Кавказым и Iэхэлъахэм щыщу къы- хагъэща зыгъэпсэхупIэхэм ящыщщ Сочи къалэм и «роза Хутор» (цIыху мин 800), «Горки Город» (цIыху мин 400), Къэбэр- дей-Балъкъэрым и «эльбрус» (цIыху мин 250-рэ) хуэдэхэр. бий IыгъыпIэм и ухуэ- ныгъэри. мы IуэхущIапIэм и япэ къатыр зэтралъ- хьащ, етIуанэм пэрыуващ. Гордиенко евгений къи- плъыхьам къытепсэлъы- хьыжкIэрэ къыхигъэщащ КъЧр-м и Iэтащхьэм рес- публикэм и ухуэныгъэ от- раслым къыхуигъэува къа- лэн нэхъыщхьэр — соци- альнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэху- щIапIэхэр фIагъ лъагэ иIэу зэрыухуапхъэр, и зэманым ахэр къызэрызэIухыпхъэр. ИкIи, абы ипкъ иту, псом хуэмыдэу, егъэджэныгъэ ухуэныгъэхэм, ПсэукIэ-Да- хэ къуажэм дащIыхь Iуэху- щIапIэм хуэдэхэм епха лэ- жьыгъэхэр яухуа план-гра- фикым тету къызэфIэ- гъэкIыпхъэу къилъытащ. Ди корр. 2012 гъэм накъыгъэ мазэм Урысейм и Пре- зидент Путин Владимир Унафэ зэхуэмыдэхэм Iэпэ щIидзауэ щытащ. Ахэр УФ-м и хэгъуэгу- хэм зэрыщагъэзэщIам ехьэлIауэ «Медиалогия» компанием медиарейтинг игъэхьэзыращ. "Накъыгъэ" Унафэхэр

Upload: others

Post on 01-Aug-2020

3 views

Category:

Documents


0 download

TRANSCRIPT

Page 1: и 12 лъандэрэ къыдокI Черкесияcherkes-haky.ru/wp-content/uploads/2017/09/86-26.10.2017.pdfЧеркесия 1924 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым)

Черкесия

1924 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым) и 12 лъандэрэ къыдокI

2017 гъэ, жэпуэгъуэм (октябрым) и 26, махуэку№86 (13242)

Сочи къалэм щызэхаша, щIалэгъуалэмрэ студент-хэмрэ я XIX Урысейпсо фестивалыр дахэу, зэпэщу екIуэкIащ. Сочэдэсхэм я дежкIэ щIэщыгъуэу пхужы-Iэнукъым щIалэгъуалэ мин 30-м щIигъу щызэхуэса зэхыхьэшхуэр. ЩIымахуэ Олимп джэгухэм хэта во-лонтерхэм еса-есауэ хьэ-щIэхэр кърагъэблэгъащ, зы-хуей Iуэхутхьэбзэхэр хуа-щIащ.

Фестивалым хэта щIа-лэгъуалэм къызэралъытэм-кIэ, ар хуабжьу Iэмал гъуэ-зэджэщ зыпэрыт IэщIагъэ елъытауэ я Iэзагъым ха-гъэхъуэнымкIэ, зэрыцIыху-нымкIэ, лъэпкъ зэхуэмы-дэхэм я щэнхабзэр ягъэ-лъэгъуэнымкIэ, ныбжьы-щIэ зэчиифIэхэм я проект-хэр гъащIэм хэпща хъуным-кIэ. А псоми къадэкIуэу ди къэралым, дызыщыпсэу Кав-каз дахэм цIыху мин бжы-гъэм зыщаплъыхьри, мел-уан бжыгъэми ялъагъу-жащ.

Къыхэдгъэщынщи, фес-

Къэрэшей-ЧерКеСым и Правительствэм и Унэм деж республикэм егъэджэ-ныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министерствэм и колле-гием и зэIущIэ иджыбла-гъэ щызэхэтащ. Ар къызэ-Iуихащ икIи иригъэкIуэ-кIащ ведомствэм и уна-фэщI Кравченко Иннэ.

Къэрэшей-Черкесыр къы-зэрагъэщIрэ илъэс 25-рэ зэрырикъум ехьэлIауэ ди хэгъуэгум и Iэтащхьэм къы-бгъэдэкIа юбилей бгъэхэ-Iумрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ министрым яритыжащ егъэ-джэныгъэмрэ гъэсэныгъэ Iуэхумрэ нэхъ къыхэжаны-кIа егъэджакIуэхэм. Ди гуа-пэ зэрыхъущи, апхуэдэ гу-лъытэ зыгъуэтахэм ящыщщ Хьэбэз къуажэм дэт, «Нур» сабий IыгъыпIэм и лэ-жьакIуэ шыбзыхъуэ Люд-милэ.

ИужькIэ зэIущIэм щыхэ-плъащ Iуэхугъуэ зыбжа-нэм. Апхуэдэу, коллегием хэтхэр тепсэлъыхьащ ди хэгъуэгум щылажьэ, ику ит профессиональнэ еджа-пIэхэм 2017-2018 гъэ еджэ-гъуэм приемнэ кампаниер зэрыщекIуэкIам, сабий зе-иншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэ щIэмытхэмрэ я хуитыны-гъэр хъумэнымкIэ къэрал политикэр зэрагъэзащIэм, сабийхэм гъуэгум щыхах фэбжьхэм, апхуэдэ насы-пыншагъэр къэмыгъэхъу-ным папщIэ ялэжь Iуэху-гъуэхэм яхьэлIа упщIэхэм.

Япэ упщIэмкIэ доклад къищIащ Къэрэшей-Черке-сым егъэджэныгъэмрэ щIэ-ныгъэмрэкIэ и министрым и къуэдзэ Карасовэ Заирэ. Абы зэрыжиIамкIэ, 2017-

Сочи къалэ

тивалым ипкъ иту утыку зэхуэмыдэхэр къызэIуа-хащ. Ахэр творческэ, спорт, щэнхабзэ, политикэ, нэ-гъуэщIхэми яхуэгъэзауэ щы-тащ, щIалэгъуалэр мастер-классхэм хэтащ, цIыху цIэ-рыIуэхэм яхуэзащ. Апхуэ-дэу, жэпуэгъуэм (октябрым) и 21-м щIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ яIущIащ Уры-сейм и Президентым и лIыкIуэу Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ щIыналъэм щы-Iэ Белавенцев Олег, Ингу-шым, Ищхъэрэ Осетие-Ала-нием, Къэрэшей-Черкесым я Iэтащхьэхэу евкуров Юнус-Бек, Битаров Вячес-лав, Темрезов рэшид сымэ. Ахэр СКФО-м и хэгъуэгу-хэм къагъэлъэгъуа экспо-зицэхэм еблэгъащ. Уры-сейм и щIыналъэхэм я лIы-кIуэу фестивалым хэтахэм хьэщIэхэр щагъэгъуэзащ зыщыпсэу республикэм зэ-рызиужьым, проект ща-гъэзащIэхэм, езыхэм яIэ творческэ мурадхэм, нэ-гъуэщIхэми.

Белавенцев Олег щIа-

лэгъуалэмрэ Къэрэшей-Черкесым, Кърымым, Ингу-шым, Ищхъэрэ Осетие-Аланием я унафэщIхэмрэ купщIафIэу япсэлъащ. Тем-резов рэшид жиIащ фести-валым щрагъэкIуэкIа ма-хуэхэр ныбжьыщIэхэм я гум къызэринэжынур, адэ-кIэ зэлэжьыну лэжьыгъэр мыбдеж зэрагъэбелджы-лынур и фIэщ зэрыхъур.

— Урысейм и хэгъуэгу-хэм я экспозицэхэр къы-щызэхэткIухьым, ахэр къэ-зыгъэлъэгъуа щIалэгъуа-лэм дайпсэлъащ, я мурад-хэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ зы-щыдгъэгъуэзащ. ИкIи, жыс-Iэну сыхуейщ, ахэр псори зэчиифIэхэщ, гугъэфIхэр зи-Iэщ, къэкIуэныфIкIэ узы-щыгугъ хъунущ. Уи лъэ-кIыныгъэхэмрэ ббгъэдэлъ зэчиймрэ къыбгурыIуэжу, ипэкIэ укIуэтэн, текIуэны-гъэм ухуэкIуэн хуейщ — аращ икIи фестивалым и мурад нэхъыщхьэр. мып-хуэдэ махуэщI хьэлэмэтым хэтыну зи насып къи-хьахэм иджыри зэ сыво-

хъуэхъу ехъулIэныгъэкIэ! Къэрэшей-Черкесым и ны-бжьыщIэхэми зыфхузогъа-зэ — фIэщхъуныгъэ зыхэв-гъэлъ, итIанэ, Iэмал имы-Iэу, фызыхуейр къывэхъу-лIэнущ, — жиIащ Темре-зов рэшид.

Фестивалыр зэрызэхуа-щIыж махуэщIым хэтащ Урысейм и Президент Путин Владимир, Бела-венцев Олег, ди къэралым и хэгъуэгухэм я Iэта-щхьэхэр.

ЩIалэгъуалэмрэ студент-хэмрэ яхъуэхъуащ Путин Владимир икIи фIыщIэ яхуищIащ форумым къе-блэгъа хьэщIэхэм.

— ФыкIуэжми, фи гум щыщ Iыхьэ мыбдеж къы-щывгъэнэнущ. Ауэ, Уры-сейр зэи фигу икIыжы-нукъым. Апхуэдэу зэрыщы-тынур ди фIэщ мэхъу! — Путин Владимир захуигъэ-защ хьэщIэхэм.

Зыгъэхьэзырар ЕЗАУЭ Маринэщ

Путин Владимир и «накъыгъэ» Унафэхэр гъэ-зэщIэнымкIэ УФ-м и хэгъуэгу ТОП-10-м Къэ-рэшей-Черкес республикэм е 7-нэ увыпIэр щиу-быдащ.

е 1-нэ увыпIэр— Приморск крайм, е 2-нэр — Тамбов областым, е 3-нэр — Омск областым, е 4-нэр — Коми, е 5-нэр — Дагъыстан республикэм, е 6-нэр — Ханты-мансийск АО-м, е 8-нэр — мур-манск областым, е 9-нэр — Ленинград облас-тым, е 10-нэр — Ульяновск областым яIыгъщ.

КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-къулыкъу

Мы махуэхэм Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэта-щхьэ Темрезов Рэшидрэ Рос-тов областым и губернатор Голубев Василийрэ лэжьы-гъэ IуэхукIэ Черкесск къа-лэм щызэIущIащ.

ХэгъуэгуитIым я унафэщI-хэр нэхъыщхьэу зытепсэлъы-хьар дяпэкIэ я зэпыщIэныгъэр зэраухуэнращ. Апхуэдэу, и гугъу ящIащ промышленность, мэкъу-мэш хъызмэт, социальнэ, ту-ризм я лъэныкъуэкIэ хэгъуэгу-хэр зэрызэдэлэжьэным.

Голубев Василий уасэшхуэ хуищIащ Къэрэшей-Черкесым

и турист инфраструктурэм зэ-рызиужьам, зыгъэпсэхупIэ щIы-пIэхэр зэрефIакIуэр, хабзэфI хъуауэ ростов областым щыщ турист куэд ди хэгъуэгум къызэрекIуалIэр къыхигъэщащ.

Темрезов рэшид жиIащ хэ-гъуэгуитIым я унафэщIхэм я зэIущIэм Къэрэшей-Черкесым-рэ ростов областымрэ я лэ-жьыгъэ, щэнхабзэ зэпыщIэны-гъэм зиужьынымкIэ сэбэп къы-хэкIыну зэрыщыгугъыр.

Къыхигъэщащ хэгъуэгухэм нобэкIэ экономикэ, социаль-нэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэ куу яку зэрыдэлъыр.

2018 гъэ еджэгъуэм ику ит профессиональнэ еджа-пIэхэм студент мини 7-м щIигъу очнэу щIэтIысхьащ. Ауэ, жиIащ мы гъэ еджэ-гъуэм, нэгъабэ елъытамэ, бюджет мылъкукIэ ику ит профессиональнэ IуэхущIа-пIэхэм щеджэну щIэтIыс-хьа ныбжьыщIэхэр про-центи 6-кIэ нэхъ мащIэ зэрыхъуар. Арами, мыбюд-жет мылъкукIэ еджэ сту-дентхэм ехъуащ.

— Къапщтэмэ, 2017 гъэм жэпуэгъуэм (октяб-рым) и 1-м ехъулIэу, ику

ит профессиональнэ егъэ-джэныгъэ IуэхущIапIэхэм ныбжьыщIэхэр къешэлIэ-ным ехьэлIа программэр процент 87-кIэ дгъэзэ-щIащ. Студентхэм нэхъы-бэу къыхахар педагог, ме-дицинэм и лэжьакIуэ, пщэ-фIакIуэ IэщIагъэхэращ. Къы-хэгъэщыпхъэщ, мыпхуэдэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ-хэм ныбжьыщIэхэр нэхъ къыщIэупщIэ зэрыхъуар. Абы и щхьэусыгъуэ нэ- хъыщхьэхэм ящыщщ мы гъэм нэгъуэщI IэщIагъэ-щIэхэри къызэрыхыхьар, —

жиIащ Карасовэ Заирэ. Кравченко Иннэ ар ехъу-

лIэныгъэфIу къилъытащ икIи жиIащ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, абы нэ-гъэсауэ ирилажьэ, ику ит щIэныгъэ зиIэ IэщIагъэлI-хэм ди хэгъуэгур зэрыхуэ-ныкъуэр.

Апхуэдэу, мы гъэм сту-дентхэр куэду къыздекIуэ-лIа ику ит профессиональ-нэ еджапIэу къыхагъэщащ Черкесск къалэм дэт тех-нологическэ колледжыр.

КъинэмыщIауэ, респуб-ликэм и къалэхэмрэ рай-онхэмрэ егъэджэныгъэм-кIэ и къудамэхэм я уна-фэщIхэр къыщыпсалъэм, къыхагъэщащ еджакIуэхэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар. Абы и щыхьэтщ курыт еджапIэ зэхуэмыдэхэм е 10-11-нэ классхэр зэрыщымыIэр. Пса-лъэм папщIэ, Черкесск къа-лэм дэт зи №№ 4, 18 ку-рыт еджапIэхэм апхуэдэ нэхъыжь классхэр щеджэ-къым.

етIуанэ упщIэмкIэ — сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэ щIэмытхэмрэ я хуитыныгъэр хъумэным-кIэ къэрал политикэр зэ-рагъэзащIэм — теухуауэ къэпсэлъащ Къэрэшей му-ниципальнэ районым егъэ-джэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Хатуевэ Зуридэ. Абы зэрыжиIамкIэ, райо-ным сабий зеиншэу 52-рэ щыщIэтхащ. Абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи гулъытэ ирагъэгъуэт. КъинэмыщIа-уэ, адэ-анэ къызыщхьэщы-мытыж сабий 20-м псэупIэ зрагъэгъуэтыну учет щытщ.

(КIэухыр е 2-нэ напэм итщ)

ЗэIущIэ

Ущыпсэуным темыгъэ-псыхьыжа унэхэм щIэс цIыхухэр гъэкуэшыным, псэупIэ-коммунальнэ хъыз-мэтым и хуэIухуэщIэхэм фIагъ яIэу жылагъуэм янэ-гъэсыным, нэгъуэщI уп-щIэхэми теухуауэ щытащ иджыблагъэ УФ-м ухуэ-ныгъэмрэ псэупIэ-комму-нальнэ хъызмэтымрэкIэ и министрым и къуэдзэ Чи-бис Андрей иригъэкIуэкIа селектор зэIущIэр.

ЗэIущIэм и лэжьыгъэм хэтащ КъЧр-м ухуэныгъэм-рэ псэупIэ-коммунальнэ хъыз-мэтымрэкIэ и министр Гор-диенко евгений. Къалэ, район администрацэхэм къа-бгъэдэкIа лIыкIуэхэр, про-ект зэхуэмыдэхэр пхыры-зыгъэкIхэр.

Жьы хъуа унэхэм щы-

псэухэр псэупIэ тэрэзкIэ къызэгъэпэщыным теухуа программэм ипкъ иткIэрэ, ди республикэм цIыху 1559-рэ псэупIэщIэхэм куэ-шыжащ. Ахэр жьы хъуа унэ 93-м, метр зэбгъузэ-натIэ мин 17,9-м щыпсэ-уащ. Программэр Къэрэ-шей-Черкесым пIалъэр къэ-мысу, 2016 гъэм игъэзэ-щIащ.

НобэкIэ реестр зэхагъэ-увэ. Абы щагъэнэIуэнущ 2012 гъэм щIышылэм и 1-м и ужькIэ жьы хъуауэ къалъыта къат куэду зэ-тет унэхэр. Абы папщIэ комиссэ къызэрагъэпэща-уэ, щIэплъыкIыныгъэхэр ирагъэкIуэкI.

«Комфортная городская среда» программэм ехьэ-лIауэ Гордиенко евгений

зэрыжиIащи, Черкесск къа-лэм деж пщIантIэхэр щы-зэгъэзэхуэжынымкIэ лэ-жьыгъэхэр фIыуэ зэкIэ-лъыкIуащ, ахэр и кIэм на-гъэс. Лъэс зекIуапIэхэр

2012 гъэм щIышылэм (январым) и 1-м щегъэжьауэ жьы дыдэ хъуауэ, ущыпсэу мыхъужыну къалъытауэ КъЧР-м ит, къат куэду зэтет унэхэм ятеухуа реестр зэхагъэувэ. Апхуэдэ лэжьыгъэр жьы хъуа унэхэм щы-псэу цIыхухэр псэупIэ тэрэзкIэ къызэгъэпэщыным теухуа къэрал программэм ипкъ иту ирагъэкIуэкI.

ящIащ, пщIантIэхэм ас-фальт иралъхьащ, паркхэр, скверхэр зэрагъэзэхуэжащ, къагъэунэхуащ.

Апхуэдэу, Доватор и цIэр зезыхьэ уэрамым щи-Iэ аллеер зэрагъэзэхуэжащ, Iуэхухэр зэнагъэсыпащ. Лъэс зекIуапIэхэр ящIащ, бор-дюрхэр яухуащ, удз гуэ-рэнхэр, гъэгъахэр щагъэ-кIыну щIыпIэхэр ягъэхьэ-зыращ. Аллеери, Iэхэлъа-хэри щхъуантIагъэхэмкIэ ягъэдэхэжынущ щакIуэгъуэ (ноябрь) мазэм къриубы-дэу.

мы гъэм жэпуэгъуэм и кIэм ехъулIэу пщIантIэхэм-рэ цIыхухэр куэду щызэ-хуэс щIыпIэхэмрэ зэрагъэ-зэхуэжынущ, ирагъэфIэкIуэ-нущ.

ТУАРШЫ Ирэ

Хьэбэз районым хы-хьэ ПсэукIэ-Дахэ къуажэм дащIыхь, «еджапIэрэ са-бий IыгъыпIэрэ зэхэту» егъэджэныгъэ IуэхущIа-пIэм и ухуэныгъэр къы-зэтеувыIэкъым. Мы Iуэху-щIапIэр ятегъэпсыхьащ еджакIуэ 264-м, сабий 75-м.

мы махуэхэм КъЧр-м ЖКХ-мрэ ухуэныгъэмрэкIэ и министр Гордиенко ев-гений я пашэу, «Дирекция капитального строительст-ва» IуэхущIапIэмрэ подряд-нэ организацэмрэ я лIы-

Социальнэ IуэхущIапIэхэр

кIуэхэм зрагъэлъэгъуащ «еджапIэрэ сабий Iыгъы-пIэрэ» IуэхущIапIэм и ухуэ-ныгъэр зэрекIуэкIым.

НобэкIэ мы IуэхущIа-пIэм и ухуэныгъэ-монтаж лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIащ, унащхьэр тралъхьэ, жы-джэру ягъэщIэращIэ Iуэху-щIапIэр къэзыухъуреихь щIыпIэр, щIыгум асфальт-бетон ягъэтIылъ. еджапIэм и кIуэцIым иращIылIэн хуей Iуэхухэр, инженер зэпы-щIэныгъэхэр зэлъэщIагъэ-хьэ.

КъызэтеувыIэкъым са-

«ТурСтат» аналитическэ агентствэм къипщытащ Урысейм деж щыIэ щIымахуэ зыгъэпсэхупIэ нэхъы-фIи 10-р. Апхуэдэуи, цIыху нэхъыбэ здекIуалIэ зы-гъэпсэхупIэхэр сэтей къащIащ.

«ТурСтат»-м къихьа бжыгъэхэм тепщIыхьмэ, Урысейм щыпсэу цIыху мелуани 4-м щIымахуэм бгы-лъэрыжэкIэ къажыхь, сноубордым дехьэх. Апхуэдэуи, ди къэралым деж цIыхухэм я щIымахуэ зыгъэпсэху-гъуэр здыщагъакIуэ щIыпIэхэм я бжыгъэр 300-м фIокI. Уеблэмэ, бгы-лъэрыжэм, сноубордым дихьэххэм я бжыгъэм гъэ къэскIи процент 15-кIэ хохъуэ.

Гуапэ зэрытщыхъуну, Урысейм щIымахуэ зыгъэпсэ-хугъуэ пIалъэр нэхъыфIу здыщыбгъэкIуэну щIыпIэу къалъытаипщIым яхэхуащ, 2016-2017 гъэ пIалъэм къриу-быдэу цIыху мин 400-м зыздагъэпсэхуа, рейтингкIэ еплIанэ увыпIэр къэзылъэща Домбай жылагъуэр.

КъинэмыщIауэ, Кавказым и Iэхэлъахэм щыщу къы-хагъэща зыгъэпсэхупIэхэм ящыщщ Сочи къалэм и «роза Хутор» (цIыху мин 800), «Горки Город» (цIыху мин 400), Къэбэр-дей-Балъкъэрым и «эльбрус» (цIыху мин 250-рэ) хуэдэхэр.

бий IыгъыпIэм и ухуэ-ныгъэри. мы IуэхущIапIэм и япэ къатыр зэтралъ-хьащ, етIуанэм пэрыуващ.

Гордиенко евгений къи-плъыхьам къытепсэлъы-хьыжкIэрэ къыхигъэщащ

КъЧр-м и Iэтащхьэм рес-публикэм и ухуэныгъэ от-раслым къыхуигъэува къа-лэн нэхъыщхьэр — соци-альнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэху-щIапIэхэр фIагъ лъагэ иIэу зэрыухуапхъэр, и зэманым ахэр къызэрызэIухыпхъэр. ИкIи, абы ипкъ иту, псом хуэмыдэу, егъэджэныгъэ ухуэныгъэхэм, ПсэукIэ-Да-хэ къуажэм дащIыхь Iуэху-щIапIэм хуэдэхэм епха лэ-жьыгъэхэр яухуа план-гра-фикым тету къызэфIэ-гъэкIыпхъэу къилъытащ.

Ди корр.

2012 гъэм накъыгъэ мазэм Урысейм и Пре-зидент Путин Владимир Унафэ зэхуэмыдэхэм Iэпэ щIидзауэ щытащ. Ахэр УФ-м и хэгъуэгу- хэм зэрыщагъэзэщIам ехьэлIауэ «Медиалогия» компанием медиарейтинг игъэхьэзыращ.

"Накъыгъэ" Унафэхэр

Page 2: и 12 лъандэрэ къыдокI Черкесияcherkes-haky.ru/wp-content/uploads/2017/09/86-26.10.2017.pdfЧеркесия 1924 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым)

2 № 86 (13242) 2017 гъэ, жэпуэгъуэм (октябрым) и 26

(КIэухращ. ПэщIэдзэр е 1-нэ напэм итщ)

Сабийхэр зыхэт маши-нэ зэжьэхэуэныгъэхэр къэ-мыгъэхъунымкIэ, абы ехьэ-лIауэ ялэжь Iуэхугъуэм теухуа упщIэмкIэ къэпсэ-лъащ Карасовэ Заирэ.

— Гъуэгум къыщыхъу къэхъукъащIэхэм сабийхэр щIыхэхуэм и щхьэусыгъуэм-кIэ дызоупщIыж. Еджэгъуэ илъэсыщIэр щIидзэжащ. Илъэс кIыхьагъым, сабий-хэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща хъун пап-щIэ, абыхэм лэжьыгъэ зэ-хуэмыдэхэр драгъэкIуэкIы-нущ. Апхуэдэу, ныбжьы-щIэхэр гъуэгу хабзэхэм, ахэр зэрызэрахьэным хура-гъаджэ. Сабий IыгъыпIэхэ-ми гъуэгу азбукэм, дамы-гъэхэм, нагъыщэхэм нэхъ цIыкIу дыдэхэр хуегъэ-джэнымкIэ зыхуэныкъуэ-ну Iуэхугъуэхэр къыщызэ-рагъэпэщ, — жиIащ Кара-совэ Заирэ.

ЗэIущIэ

ЦIыхур и нэхъыжьы-гъэм, и жьыгъэм акъыл жанрэ гуащIэдэкI щIыхь-рэкIэ щыхыхьэкIэ, ар насы-пышхуэу къэплъытэ хъу-нущ.

Мы гъэм фокIадэм (сентябрым) и 23-м зи илъэс 80-р зыгъэлъэпIа ди лъэпкъэгъу, ди нэхъы-жьыфI Сэкий Анатолий Хъусин и къуэм и гъащIи, и гуащIи пщIэрэ щIыхьрэ-кIэ псыхьащ, и щIэны- гъэ, гуащIэдэкI лъэбакъуэ къэскIэ республикэм и ме-дицинэр зэфIэувэным, зыу-жьыныгъэм, зэхъуэкIы-ныгъэхэм епхащ.

Сэкий Анатолий нобэ къалэдэсми, къыздэхъуари здапIари Зеикъуэ къуажэ-ращ. Курыт еджапIэр къи-ухри, дзэм къулыкъу щи-щIащ. Абы иужькIэ Став-рополь къэрал медицинэ институтым щIыхьащ. 1965 гъэм ищхьэ щIэныгъэ иIэу институтым къыщIэкIри, лэжьэн иригъэжьащ. Абы лъандэрэ нобэр къыздэ-сым Анатолий и гъащIэр къыгуэхыпIэ имыIэу меди-цинэм епхащ. Псори зэхэ-ту илъэс 52-м щIигъу хуи-гъэтIылъащ къыхиха Iэ-щIагъэм. 1965 гъэм лэ- жьэн щыщIидзащ здаунэ-тIа Елбыргъэн дэта жьэн узыфэхэмкIэ сымаджэщым. Мази 6 лэжьауэ, областым и унафэщIхэм яунэтIащ Ставрополь край сыма-джэщым. Абдеж Анатолий хирургиемкIэ мази 5 курс-хэр ехъулIэныгъэкIэ къиу-хащ. Иужьым дохутыр-ор-динатору Черкесск къалэ сымаджэщым лэжьапIэ яу-нэтIащ. Сэкийм и медици-нэ гуащIэдэкI гъуэгуанэр щришэжьам дохутыркIэ сы-маджэщхэр Iэслъэст. Абы къыхэкIыу, лэжьыгъэри хьэ-лъэт, куэдым унэсын хуейт. Къапщтэмэ, Сэкий Анато-лий лэжьэнри еджэнри зэ-дигъакIуэурэ, и щIэныгъэм ену хигъахъуэурэ къекIуэ-кIащ. Апхуэдэу, аргуэру еджапIэ мази 5-кIэ яунэтI. Иджы — анестезиологием-рэ реаниматологиемрэкIэ и щIэныгъэм хигъэхъуэну.

—Операцэр хирургым ищI щхьэкIэ, ар зэрызэ-фIэкIыну щIыкIэр нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ анес-тезиологыншэу, реанима-тологыншэу,— медицинэм и къудамэ къэскIэ и мы-хьэнэр тыншу къыгуры-IуэкIэрэ, зэпэшэчауэ то-псэлъыхь Анатолий.

Сымаджэщым и хирур-гие къудамэм щылажьэкIэ-рэ, Сэкий Анатолий нэхъ-ри куууэ хэгъуэзащ хирур-гие, урологие, травматоло-гие лъэныкъуэхэм. Игу къегъэкIыж куэдрэ плъы-рын къыхудэхуэу зэрыщы-тар, медицинэ дэIэпыкъу-ныгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ цIыхухэм зэрапы-къуэкIар. КъинэмыщIауэ, «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ-ми» щылажьэт. А псори къыщIыхэдгъэщращи, Ана-толий медицинэм и къуда-

АПХуэДэ зэIущIэхэм цIыхухэм щаIуощIэ, я уп-щIэхэм жэуап ират, зы-гъэпIейтей лъэпощхьэпо-хэм я зэфIэхыкIэ хъунухэм топсэлъыхь. ЗэIущIэр ще-кIуэкI районым деж Iуэхур щызэфIэмыкIынумэ, рес-публикэм и Iэтащхьэр ща-гъэгъуазэри, адэкIэ уп-щIэм жэуап игъуэтыхункIэ зэрахуэ.

Апхуэдэ зэIущIэ жэп-уэгъуэм и 18-м Хьэбэз районым щекIуэкIащ. Хэт дежкIи щэхукъым, дэнэ дежи хуэдэу, Хьэбэз район-ми цIыхухэр зыгъэпIейтей, жэуап зыщамыгъуэт упщIэ куэд зэрилъыр. АтIэ, рес-публикэм и Iэтащхьэм егъэ-щIылIа Советым и лIыкIуэ уи псалъэ едэIуну, уи Iуэху зэхигъэкIыну хьэзыру къы-щеблагъэкIэ, апхуэдэ лъэ-кIыныгъэр щызу къэбгъэ-сэбэпын хуейкъэ?! Арами… ГурыIуэгъуэ дыдэу щы-такъым районым и адми-нистрацэм, районым щы-лажьэ къулыкъухэм, егъэ-джэныгъэ, медицинэ, со-циальнэ, къинэмыщI къу-дамэ ирехъу, Советым иригъэкIуэкI зэIущIэм къе-кIуэлIа цIыхухэм къаIэта упщIэхэм жэуап езытын зыри къызэремыкIуэлIар. КъинэмыщIауэ, аргуэру щхьэусыгъуэ мыгурыIуэ-гъуэкIэ, Советым и лIы-кIуэхэм зыхуагъэзэну лъэ-кIыныгъэ ягъуэтар езы цIыхухэми щызу къагъэсэ-бэпакъым. Е ямыцIыхуа, е я Iуэху зэрызэфIэкIыным я гугъэ псори хахыжа? Къапщ-тэмэ, нэрыбги 4 къудейщ зыгъэпIейтей упщIэхэмкIэ Советым хэтхэм зыхуагъэ-зэну районым къыхэкIар. ИкъукIэ гуапэ дыдэ хъунут апхуэдэ ныкъусаныгъэ зы-тIущ мыхъумэ районым имылъу щытатэмэ.

Апхуэдэ щытыкIэм къы-пэмынэу, Советым и лIы-кIуэу Хьэбэз районым щыIа Чыкъуэ Нурбийрэ Ба-тырбий Ахьмэдрэ цIыху-хэм яIущIащ, къаIэта пса-лъэмакъхэми набдзэгубдза-плъэу хэплъащ. ЗэIущIэр щекIуэкI щIыпIэм имыкIыу зэфIахыфыну зы Iуэхугъуэ-

ДифI догъэлъапIэ

мэ куэдым щылэжьащ, фIыуэ хецIыхукI. Апщы-гъуэми, жыIэпхъэщи, езым ар зи фIыщIэу къилъытэр лэжьэн щыщIидзам, къалэ сымаджэщым зэрылэжьа илъэси 10-м къриубыдэу зырихьэлIа, зыдэлэжьа до-хутыр Iэзэхэращ.

—КуэдкIэ щапхъэ схуэ-хъуащ республикэм и ме-дицинэм зи цIэр фIыкIэ къыхэна, ноби жылагъуэм фIыщIэ зыхуащI дохутыр IэпщIэлъапщIэхэр. Псори дыдэ мыхъуми, зыгуэрхэр къезбжэкIыну сыхуейщ: Вольтер В., Чичков Ю., Кузнецов Е., ульяновэ Е., Къэнэмэт М., сымэ. Ахэр псори щылэжьар хирургие-ращ. Апхуэдэ дохутыр Iэ-зэхэм, мыдрей къудамэ-хэм щылэжьахэри яхэту, гуащIэдэкI щапхъэгъэлъа-гъуэрэ ущиякIуэрэ хъуащ. Сыт щыгъуи си гуапэу ахэр сигу къызогъэкIыж икIи, хьэкъыпIэкIэ, срогу-шхуэ апхуэдэ дохутырхэм сазэрырихьэлIам. НобэкIэ абыхэм ящыщ куэд ду-нейм ехыжащи, Тхьэм ахъ-рэт нэхур къарит,—жеIэ Анатолий.

ЩIэныгъэфI зыбгъэдэлъ, гуащIэдэкI ехъулIэныгъэ-хэр зи бэ Сэкий Анатолий 1968 гъэм медицинэ учи-лищэм лэжьапIэ Iуохьэ, е, нэхъ тэрэзу жыпIэмэ, сы-маджэщым щылажьэурэ, училищэми щрегъаджэ. Аб-дежми Анатолий и насып къихьащ езым хуэдэу ме-дицинэри егъэджэныгъэ-ри зэдэзыхь дохутыр Iэзэ-хэм ядэлэжьэн. Нэхъыщхьэ-ращи, щIэблэ мащIэкъым щIэныгъэм хишар, адэкIэ медицинэм нэхъри куууэ хуеджэным хуиунэтIар.

1975 гъэм, Черкесск ме-дицинэ училищэм и уна-фэщIу щыта Сидакъ Л. и егъэблэгъэныгъэкIэ, учи-лищэм шэщIауэ лэжьэн щыщIидзащ. Анатолий игу къегъэкIыж а илъэсхэр.

—Япэ дыдэу срихьэлIат жыпIэ хъунущ апхуэдэ унафэщI—гуащIэдэкI ехъу-лIэныгъэфI, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ, пхъашэ, ауэ икъраррэ щыпкъагъэрэ зы-хэлъ, и нэIэм щIэт гупым хэт нэрыбгэ къэскIэ пэ-жыгъэрэ захуагъэрэкIэ бгъэ-дыхьэт ар. Абы и жэрдэмщ училищэм медицинэм фIы-уэ хэзыцIыхукI дохутыр-хэм зэрыщрагъэджар. Ап-хуэдэщ ГъукIэ Л., Темыр З., Томин В. сымэ, нэгъуэщI-хэри, — жеIэ Сэкийм.

1976 гъэм унафэщIым егъэджэныгъэмкIэ и къуэ-дзэу трагъэхьэ. Езы Ана-толий зыкъызэриумысы-жымкIэ, ар иджырэ къэс зыпэрымыта, лэжьыгъэ мыгурыIуэгъуэт. Арами, ищIэ Iуэхур пылъхьэншэу зэфIэзыхыу, къызыхуэтын-шэу зыгъэзащIэу еса Ана-толий етIысэхакъым дзыхь къыхуащIа IэнатIэм ехьэ-лIа псори тыншу зэхигъэ-кIыу щыгъуэзэхун. Мыб-дежми Анатолий и гуапэу

игу къегъэкIыж, зырызых-хэу я цIэ иреIуэ егъэ-джакIуэ, дохутыр Iэзэу зы-дэлэжьахэр, тхьэгъэпсэу псалъэхэри дэтхэнэми хуе-гъэфащэ.

училищэм и унафэщIыр пенсэм щыкIуэм, гупым я арэзыныгъэкIэ Сэкий Ана-толий училищэм и уна-фэщIу трагъыхьэ. А илъэс-хэм училищэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэфIхэм Ана-толий и жэрдэму хэлъыр мащIэкъым. Апхуэдэу, учи-лищэр капитальнэу зэра-гъэзэхуэжащ, унэлъащIэ псэуалъэу еджапIэ пэшхэм щIэтахэр щIэкIэ зэрахъуэ-кIащ, компьютер класс къы-зэрагъэпэщащ, дзэм доху-тырхэр щагъэхьэзыр, ме-дицинэм щылажьэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ къудамэщIэхэр къызэIуа-хащ, IэщIагъэлI, дохутыр нэхъуса куэд лэжьапIэ къащтащ. Абыхэм ящыщщ ноби зыдэлажьэ Ивлевэ Зинаидэ.

2000 гъэм училищэм унафэщIыщIэ хуэхъуащ абы щеджа эртуев Р.

Сэкий Анатолий и нэ-Iэм щIэта, иригъэджа щIэ-блэ бжыгъэ и лъэужьым ирикIуащ, я щIэныгъэм ха-гъэхъуащ, я цIэ жрагъэIэу медицинэм щолажьэ. Абы-хэм я гугъу щищIкIэ, Ана-толий и гур хохъуэ, зэры-ригушхуэри наIуэщ. Езыр, зэрыжытIащи, ноби мэ-лажьэ, медколледжым щIэ-ныгъэр здыхагъахъуэ къу-дамэм и унафэщIщ. Къэ-ралым гулъытэншэу къи-гъэнакъым Сэкийм и гуа-щIэр, лъагэу къилъытащ абы медицинэм хуищIа хэлъхьэныгъэр. Илъэс зэ-хуэмыдэхэм къыхуагъэ-фэщащ ЩIыхь тхылъхэр, ФIыщIэ тхыгъэхэр, Сэкий Анатолий — узыншагъэр хъумэным щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, гуащIэдэкIым и ветеранщ.

Сэкий Анатолий уте-псэлъыхькIэрэ, и унагъуэм и гугъу умыщIыныр тэрэз-къым. Абы щхьэусыгъуэ хьэлэмэт зыбжанэ иIэщ. Япэрауэ, и щхьэгъусэ Iэ-минатрэ езымрэ бын хъар-зынэхэр зэдапIащ. Iэми-нати къалэ поликлиникэм щолажьэ. Быныр анэ-адэм я лъагъуэм ирикIуащ. Я къуэ Мурат и цIэр мызэ-мытIэу ди гуапэ дыдэу га-зетым щитIуащ. Ар — къа-лэ сымаджэщым хирур- гиемкIэ къудамэм и уна-фэщIщ, медицинэ щIэны-гъэхэм я кандидатщ, ищ-хьэ нагъыщэ зиIэ хирургщ. Япхъу Иннэ — Ставрополь мединститутыр къиухащ, КъЧР-м щыIэ Россоцстра-хым медицинэ IуэхухэмкIэ IэщIагъэрылажьэ нэхъы-щхьэу щолажьэ.

Къапщтэмэ, Сэкийхэ я унагъуэм щыщ щIэблэ зыбжанэм медицинэр я IэщIагъэ хъуащ. Апхуэдэу, Анатолий и шыпхъу Ва-лентинэ Ставрополь мед-институтыр къиухащ, ме-дицинэм илъэс куэд хуи-гъэтIылъащ. Дунейм ехы-жащ (и ахърэт нэху ухъу). Иннэрэ Аняри медицинэ училищэр къаухри, илъэс куэдкIэ медицинэм щы-лэжьащ.

Къуажэхэм деж щыха-бзэщ, щапхъэу зыгуэр ягъэ-лъэгъуэнумэ, я къуажэгъу унагъуэ, цIыху щхьэхуэм и цIэ ираIуэну. Зеикъуэдэс нэхъыжьхэм ягу къызэра-гъэкIыжщи, апхуэдэ уна-гъуэ щапхъэгъэлъагъуэу щы-тащ Анатолий и адэ-анэр, Сэкийхэ Хъусинрэ Женя- рэ (Мэремкъулхэ япхъущ). Зэрытлъагъущи, а тIур ду-нейм тетыхункIэ быным даIыгъа гъэсэныгъэр, ущиер, щIэныгъэм зэрыхуаунэтIар лъэужьыншэ хъуакъым. уеблэмэ, анэ-адэм зытра-ша лъагъуэм гъуэгубгъуэ нэхуу зызэIуихащ, Анато-лий, абы къытепщIыкIыжа щIэблэм я гъуазэ хъуащ.

ТУАРШЫ Ирэ

ми жэуап игъуэтащ. Ап-хуэдэщ, лэжьапIэншэ, бы-ныбэ бзылъхугъэм и цIэ-кIэ социальнэ дэIэпыкъу-ныгъэмкIэ къулыкъум деж лэжьапIэ щыхущIэупщIэу, дяпэкIэ а IуэхущIапIэм лэ-жьапIэ зэращтэнумкIэ къы-зэрагъэгугъар. Аргуэрыж-щи: хъунутэкъэ а къулыкъу дыдэм къыбгъэдэкIа лIы-кIуэ Советым иригъэкIуэкI зэIущIэм хэту, я жьэ зэхуэ-гъэзауэ зэпсалъэу, а бзылъ-хугъэр зэрыт гъащIэ щы-тыкIэ хьэлъэр зэрызэфIэ-кIынумкIэ фIэщхъуныгъэ игъуэтауэ яутIыпщыжатэ-мэ? Е, 2013 гъэм къэхъуа и сабийм папщIэ анэ гъэ-тIылъыгъэ ахъшэр иджы-рэ къэс къызэрырамытам теухуауэ тхьэусыха бзылъху-гъэм и псалъэр, район Пен-сэ фонд къудамэм и лIы-кIуэ зэIущIэм хэту, абы хуигъэзатэмэ? Тхьэм ире-

щIи, Iуэхури нэхъ зэхэгъэ-кIарэ псынщIэ хъуну къы-щIэкIынт. ЗэIущIэм къыща-Iэта адрей упщIитIри гъа-щIэ, социальнэ лъэныкъуэщ зытеухуауэ щытар. Апхуэ-дэщ, анэшхуэм и пхъуры-лъхум папщIэ псэупIэ къы-дихыным и ужь зэритыр, ар зэрыхузэфIэмыкIыр. Абы и IуэхукIэ республикэ мы-хьэнэ зиIэ къулыкъухэм деж Iуэхур щыхузэрахуэну къагъэгугъащ Советым хэт-хэм. ЕгъэджакIуэхэм ком-мунальнэ хуэIухуэщIэ уасэ-хэм папщIэ къэралым къа-ритын хуей ахъшэр къа- зэрыIэрымыхьэм теухуауэ щытащ егъэджакIуэм и тхьэусыхэр.

Адыгэ-Хьэблэ къуажэм а махуэ дыдэм Советым и лIыкIуэхэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэм упщIэ нэхъыбэ къыщаIэтащ, район адми-нистрацэри нэхъ жыджэ-

ру пыкъуэкIащ. Советым хэтхэм дызэрыщагъэгъуэ-защи, упщIэхэр нэхъыбэу зытеухуауэ щытар псэу-пIэ-коммунальнэ, щIыгу, мылъку мыхъей Iуэхухэ-ращ. Абыхэм я жэуап куэд щагъуэтащ зэIущIэр ще- кIуэкI районым.

— Советым и къалэн нэхъыщхьэр—цIыху къы-зэрыгуэкIым и къару за-къуэкIэ хузэфIэмых, зы-щыпсэу щIыпIэм щымы-кIуатэ Iуэхухэр зэхэдгъэ-кIыу, дэIэпыкъуэгъу дахуэ-хъунращ. ЩIыпIэм щызэ-фIэмыкIрэ—республикэм и Iэтащхьэр щыдгъэгъуэ-зэнущ. Апхуэдэу, районхэм илъ лъэпощхьэпохэр, жы-лагъуэр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхухэр нэхъ зэхэгъэкIарэ зэгъэзэхуарэ хъуным пап-щIэ республикэм и район-хэр псори къызэхэткIухьы-нущ, зэIущIэхэр щедгъэ-

кIуэкIынущ. Район къэскIэ дыщеблэгъэну махуэхэр, дызэрылэжьэну сыхьэтхэр гъэнэIуащ, графиккIэ зэгъэ-зэхуащ. Апхуэдэ зэIущIэхэр иужьым къэтпщытэжынущ, ди къару къихьым дыте-лэжьэнущи зэхэдгъэкIы-нущ, республикэм и Iэта-щхьэри щыдгъэгъуэзэнущ, — жиIащ Чыкъуэ Нурбий.

ЖыIэпхъэщи, графикым теткIэрэ, Советым и япэ зэIущIэр Нэгъуей районым жэпуэгъуэм и 16-м щекIуэ-кIащ. Абдеж районым щы-псэухэми, депутатхэми, хы-хьэхэкIым щылажьэхэми я псалъэм щIэдэIуащ. Сове-тым жэуаплыгъэ зыхь и секретарь узденов Алибек зэрыжиIамкIэ, Нэгъуей рай-оным Советым щригъэкIуэ-кIа зэIущIэм хэлэжьыхьащ цIыху 13-м нэс, лъэпощхьэ-по, тхьэусыхэ 11-м хэплъащ. Абыхэм щыщу районым щызэфIэкIынухэм щагъэ-гъуэзащ районым и Iэта-щхьэ Керейтов энвер. Зы IуэхугъуэмкIэ упщIэм и жэ-уапыр зэIущIэр зэрекIуэкIа пIалъэм къриубыдэу ира-тащ. НэрыбгитI Советым ирагъэблэгъащ.

Жэпуэгъуэм и 20-м уарп районым хыхьэ Преграднэ станицэмрэ Зеленчук рай-оным, Зеленчук станицэм-рэ Советым зэIущIэхэр щри-гъэкIуэкIащ. Жэпуэгъуэм и 23-м—Къэрэшей райо-ным, Карачаевск къалэм. Жэпуэгъуэм и 25-м—усть-Жэгуэтэ районым, усть-Жэ-гуэтэ къалэм, Мало-Къэрэ-шей районым, учкекен жы-лагъуэм, Абазэ районым, Инжыдж-КIыкIун къуажэм зэIущIэхэр щекIуэкIащ. Жэпуэгъуэм и 27-м—При-кубан районым и Кавказ-скэ жылагъуэм щекIуэкIы-нущ.

Советым хэтхэм цIыху-хэри къыхураджэ нэхъ жы-джэру щытыну, зэIущIэхэм деж я тхьэусыхэхэр щы-жаIэну. Щхьэж и щхьэкIэ къелъытар имыщIэмэ, зи-мыгъэхъеймэ, фIэщ щIы-гъуейщ зыгуэр къакIуэу къыхуригъэжьэну.

ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ

Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэм егъэщIылIауэ лажьэ, граждан жылагъуэм и зыужьыныгъэмрэ цIыхум и хуитыныгъэхэмрэкIэ Советым мы гъэм жэпуэгъуэм (октябрым) и 16-м щегъэжьауэ, жэпуэгъуэм и 27-м нэгъунэ республикэм и районхэм зэIущIэхэр щригъэкIуэкIынущ.

Абы къыхигъэщащ егъэ-джэныгъэ IуэхущIапIэ къэс ГИБДД-м и инспектор зэ-репхар. Еджэгъуэ илъэсым и кIыхьагъкIэ ирагъэ- кIуэкI еджапIэпсо, класс зэ-IущIэхэм ар хэтынущ. Къи-нэмыщIауэ, зэхагъэуващ икIи ягъэбелджылащ гъуэгу шынагъуэншагъэм ехьэлIа тхыгъэхэр, стендхэм къы-щыгъэлъэгъуащ сабийр шы-нагъуэншэу зэрызекIуэну схемэхэр.

ЗэIущIэм ипкъ иту док-лад къищIащ Къэрэшей-Черкесым и МВД-м и уГИБДД-м къызэгъэпэщы-ныгъэ-аналитическэ лэжьы-гъэмрэ пропагандэмрэкIэ и отделым и унафэщI Каппушев Билал. Абы жи-Iащ республикэм и МВД-мрэ егъэджэныгъэмрэ щIэны-гъэмрэкIэ и Министерст-вэмрэ план зэрызэхагъэу-вар, абы тету зэIущIэ зэ-хуэмыдэхэр зэрырагъэкIуэ-кIыр. КъытеувыIащ ахэр

ДТП къэмыгъэхъунымкIэ профилактикэ лэжьыгъэ нэхъыфIхэм ящыщу къы-зэрызэрагъэпэщым.

— КъинэмыщIауэ, СМИ-хэм мы Iуэхугъуэм ехьэ-лIауэ тхыгъэхэр къытры-догъадзэ, интернет зэпы-щIэныгъэхэр, хъыбарегъа-щIэ агентствэхэр къыдо-гъэсэбэп, радиокIэ, телеви-денэкIэ дыкъопсалъэ, — жиIащ Каппушев Билал.

Абы къызэрыхигъэщам-кIэ, 2017 гъэм республи-кэм и МВД-м и уГИБДД-м и лэжьакIуэхэм «Внимание дети!», «Пешеход», «Зебра» «Притормози», «Пристег-нись», «Письмо водителю», нэгъуэщI социальнэ акцэ-хэри ирагъэкIуэкIащ.

Апхуэдэщи, къэрал ав-тоинспекцэм, егъэджэны-гъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ Ми-нистерствэм, «Красный крест» жылагъуэ зэгухьэныгъэм зэгъусэу инспектор ныб-жьыщIэхэм я зэпеуэ ира-гъэкIуэкIащ.

ЗэIущIэм и кIэм уна- фэ ящIащ республикэм ит еджапIэхэмрэ сабий Iыгъы-пIэхэмрэ я дыхьэпIэ гъуэгу-хэр зыхуей хуагъэзэну, аб-дежхэм гъуэгу нагъыщэ-хэмрэ лъэсырызекIуэхэм пап-щIэ зебрэрэ ягъэувыну.

ЕЗАУЭ Маринэ

Жэпуэгъуэм (октябрым) и 16 -23 махуэхэм, тхьэ-махуэм къриубыдэу, Адыгэ Республикэм къикIа, «Золотой кувшин» гуащэхэмкIэ театрым и гастроль лэжьыгъэр Къэрэшей-Черкесым щекIуэкIащ.

Республикэм щыпсэу сабий цIыкIухэм папщIэ, «Зо-лотой кувшин» гуащэхэмкIэ театрыр 15-рэ утыку къи-хьащ. НыбжьыщIэхэм ирагъэлъэгъуащ Андерсен Ганс Христиан и "Принцесса на горошине" спектаклым и

Гъуазджэ

теплъэгъуэмрэ Белов Сергей и пьесэм къытращIыкIа «Оранжевый ежик» таурыхъымрэ.

Артистхэм я гастроль лэжьыгъэр къызэрагъэпэщащ урысейм щэнхабзэмкIэ и Министерствэм и «Большие гастроли» проектым ипкъ иту.

«Большие гастроли для детей и молодежи» про-граммэм къызэщIеубыдэ урысейм и къалэ зэхуэмы-дэхэм щылажьэ сабий театрхэр. Къапщтэмэ, мы илъэ-сым и кIэм нэс программэм хэлэжьыхьынущ театри 100, икIи къалэ 77-м щыпсэу сабийхэм, ныбжьыщIэхэм яхуэгъэза спектаклхэр ирагъэлъэгъунущ.

ЗэIущIэ

Жэпуэгъуэм (октябрым) и 28-м Черкесск къалэм дэт драмэ театрым адыгэ щэнхабзэ фестиваль ще-кIуэкIынущ. Абы и къы-зэгъэпэщакIуэщ республи-кэм и «Адыгэ Хасэ - Чер-кесский Парламент» жы-лагъуэ зэщIэхъееныгъэр.

Фестивалым и мыхьэ-нэм, ар зытеухуам нэхъ тегъэчынауэ иджыблагъэ дыщигъэгъуэзащ респуб-ликэ Адыгэ Хасэм и тхьэ-мадэ Аслъэнхэ Алий.

— Къапщтэмэ, адыгэ лъэпкъ щэнхабзэ фести-валь ин мыр етIуанэ ди хэгъуэгум щекIуэкIынущ. Фигу къэзгъэкIыжынщи, нэгъабэ «Адыгэ ЩIалэ-гъуалэ Хасэ»-м и къызэ-гъэпэщыныгъэкIэ, КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыху-

бэ коммуникацэхэмрэ пе-чатымрэкIэ и дэIэпыкъу-ныгъэ хэлъу, ди хэгъуэгум лъэпкъ щэнхабзэ фести-валь телъыджэ щекIуэкIа-уэ щытащ, адыгэ фащэм теухуауэ. Апхуэдэ Iуэху-

фIыр щIалэгъуалэм хузэ-фIэкIат къэралым грант къыхуигъэфащэкIэрэ.

Мы гъэм апхуэдэ гран-тыр къэзылъэщар «Адыгэ Хасэ-Черкесский Парла-мент» лъэпкъ жылагъуэ

зэщIэхъееныгъэращ. ИкIи, Хасэм унафэ къихьащ фес-тивалыр лъэпкъ цIыхубэ Iэмэпсымэхэр къэIэтыжы-ным, абыхэм елэжьхэм, я IэрыкIхэм зыщыгъэгъуэзэ-ным тедухуэну.

Фестивалым къедгъэ-блэгъащ Къэбэрдей-Балъ-къэрым, Адыгэ Республи-кэм, ди хэгъуэгум деж адыгэ лъэпкъ цIыхубэ Iэ-щIагъэхэм елэжьхэр.

Абы ипкъ иту къызэд-гъэпэщ гъэлъэгъуэныгъэм IэщIагъэлIхэм я IэрыкIхэр хэтынущ. Апхуэдэщ, пса-лъэм папщIэ, адыгэ фащэ зыдхэр, дыщэидэм епхахэр, дыжьыным, пхъэм, гъу-щIым, нэгъуэщI пкъыгъуэ-хэм елэжьхэр, шы Iэпслъэпс-хэр, цIыхубэ макъамэ Iэ-мэпсымэхэр, Iэщэ зыщIхэр,

нэгъуэщIхэри. Гъэлъэгъуэ-ныгъэр сыхьэтыр 12.00-м едгъэжьэнущ.

Сыхьэтыр 15.00-м кон-церт программэ утыку къи-тхьэнущ. Мыбдежми нэ-хъыбэу гулъытэ зыгъуэ-тынур цIыхубэ макъамэ Iэмэпсымэхэр зыгъэшэры-уэ творческэ гупхэращ. Ап-хуэдэу, зыкъагъэлъэгъуэ-нущ КъБР-м, АР-м, КъЧР-м я творческэ ансамблхэм, уэ-рэджыIэхэм, шыкIэпшына-уэхэм.

Аращи, лъэпкъым и къекIуэкIыкIар, и щэнха-бзэ къулейр зи псэм фIэфI дэтхэнэри фестивалым къы-догъэблагъэ! Гъэлъэгъуэ-ныгъэми, концертми хэти пщIэншэу еплъыфынущ, — жиIащ Аслъэнхэ Алий.

АБИДОКЪУЭ Люсанэ

Лъэпкъ Iуэху

Page 3: и 12 лъандэрэ къыдокI Черкесияcherkes-haky.ru/wp-content/uploads/2017/09/86-26.10.2017.pdfЧеркесия 1924 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым)

3 № 86 (13242) 2017 гъэ, жэпуэгъуэм (октябрым) и 26

Бжьыхьэ дыщафэр къытхуосыжри,Жыгхэм я пщIащэр пощэщыж.Я макъ жьгъырухэр зэпрадзыжу,Кърухэр хуабапIэм мэлъэтэж.

Щохуарзэ уафэм щимэ дахэу,Къру пашэм щIэту и унафэм.Щолъатэ уэгум зэхуэсакъыу,Бзу пэтрэ макIуэ тету хабзэм.

Нэхъ лъэщхэр макIуэ зэхьэзэхуэу,Нэхъ къарусызхэр къакIэроху.Ешауэ щытмэ, къотIысэхри,

ЩIылъэм тетыхукIэ ягу мэпсэху.

Дуней къэхъукъащIэр телъыджащэщ,Зы хабзэм тетурэ йокIуэкI.Хэкур ябгынэ хамэ щIыгукIэ,ГъатхэщIэм пэплъэу ирахьэкI.

Бжьыхьэ дыщафэр къытхуосыжри,Жыгхэм я пщIащэр пощэщыж.Иужь сэламыр къыдахыжри,Кърухэр хуабапIэм мэIэпхъуэж.

ЦIыху гупсысэу псэм и гъусэ пэж,Тхьэпэлъытэу цIыхур зыпсыхь дыгъэ,Щагъдийм я нэхъ жэрри зи Iэдэж,ЖьакIуэм хъуэпскIа гъуазэу кърит тыгъэ!

УэркIэ зы ткIуэпс цIыкIущ гъунэншэ хыр,Жырым я нэхъ быдэр уи етIагъуэщ,Уи маскъалщ уэгу къащхъуэм лъэIэс

бгыр,—Дуней хьэхум ущихьэмтетыгъуэщ!

Ауэ, Тхьэм къыуиту гъащIэ кIуэр,Саур уанэ пхутрилъхьами пIалъэм,ПщIэкъым уэ: Ар уэркIэ насып уэр,Хьэмэрэ уихуа хуза гъэжалъэм?!.

Жьыбгъэ, жьыбгъэ лъэншэу щIым щызекIуэ,Щыхуейм, здыхуейм зи

шыщхьэ нэзыхус,Си щIасэщ уэ ущежьэм

зыплъыхьакIуэ,Шу гъусэ пэжу псэкIэ

сыбдэшэс.

Си гуапэщ щIэсплъыкIын уи лъэкIыныгъэ

IуэхуфIхэмкIэ щIэбгъахэр ущыхейм,

Йомыхыу зы псэ закъуи залымыгъэ

Гъэгъахэр щIым и куэщI щыщIэбгъэхъейм.

Жыг пщIащэхэр щыпфIэфIым уогъэпсалъэ,Бзэ дахэ зым

имыщIэкIэ дунейм.КъэIуэтэгъуейуэ куущ

уи гъерэт пщалъэПсэм уепщIу

уIэфIыну ущыхуейм.

Урожэ хым и щIыфэр

къэбгъэпщIыпщIу,ЩIыкIафIэу уигу

къыщыкIым уджэгун.Зохъуэжыр зэми

я псэхэр зэпыпщIу,Уи нейм хуэлъэкI щыпфIэфIми

бгъэлъэгъуэн.

А псор зылъэкIым, хъуным, сынолъэIур,

Зы махуэ умысэхъуу къыздэщIыгъу.

Мы си псэр уи макъ щабэ зэбгъэдэIур,

КъахуэщIи си гухэлъхэм акъылэгъу.

Жантемыр муслъимэт

ЩIэныгъэм и махуэм,Нэхугъэм и гъуазэм ,ЩIэблэщIэр хуэгуфIэуЕджапIэм зэрохь.

Я телъхьэщ дунейриЖыджэру тэджахэм,Дыгъэшхуэм и нурымХуабагъэ къарет.

Къапоплъэ, а цIыкIухэм,Иджы къэкIуэнышхуэ.Ирехъу цIыху щэджащэЯ куэду цIыхугъэ.

Зым жеIэ кхъухьлъатэкIэХьэршым пхыкIыну,Адрейм кхъуафэжьейкIэТолъкъуным щесыну.

Сабийхэр уэршэруМэпсалъэ, ягу хэхъуэу,Щырет щIыр мамыру,Мурадхэр къадэхъуу.

Си Iэдакъэм тхыгъэщIэ къыщIэкIамэ,Си гум щызу ину сохьэбауэ.Къалэмыпэм егъэункIыфI мафIэшхуэр,Ситхьэлэну псэм зыкъридзамэ.

ЕгъэкIащхъэ щхьэр зыIыгъ гупщысэр,ЕгъэIэсэ гум и къуэпс бэгахэр.Сызэрыт щытыкIэр къысхуэмыщIэу,СиIэтауэ хьэршым сыхихьамэ.

Къалэмыпэр Iэпэгъу къысхуэхъуауэ,Сегъэгушхуэ, хуиту сохьэбауэ.Сыусэну псалъэр си Iэслъэсми,КъысхуетIэщI си гущIэм тIасхъэу щIэлъыр.

Толъкъун лъэщу къэхъея гу лъынтхуэр,МащIэ-мащIэурэ мэсамбырыж.СимыIамэ къалэмыпэ хущхъуэр,Сытыт сызэпхъуэнур сыгужьеймэ?..

ПхуаIэт уи щIыхьыр

КъокIэрэхъуэкI зэманыр лIэужьыгъуэу,

ХабзэщIэм зэрихъуэкIыурэ хабзэжьыр.

ЩыIэщ IэщIагъэ зэи мыкIуэдыжу —

ПхуаIэт уи щIыхьыр лъагэу, егъэджакIуэ!

Ар изогъапщэ псынэ имыгъуэжым,

Жыгыжьым- щIигъэнауэ пхъэщхьэмыщхьэм,

ЖыгыщIэм-зи щIэщыгъуэу къэщIэращIэм.

Зи лъабжьэр куууэ хэтIысхьа жылэфIым.

Сыт щыIэ уи дежкIэ нэхъ гуфIэгъуэ,

Сабийм къыщыпхуищIыфкIэ фIыщIэгуапэ.

Уилъытэм и IуэхуфIхэм я къежьапIэу

И гупсысэ куухэм я жэуапу?!

КъокIэрэхъуэкI зэманыр лIэужьыгъуэу,

Уэращ IэщIагъэ псоми я къежьапIэр.

КъыпхуащIу уи гъэсэнхэм пщIэрэ, щIыхьрэ,

ПхуэгуфIэу уи махуэщIыр ягъэлъапIэ.

КъокIэрэхъуэкI зэманыр лIэужьыгъуэу,

ЗэхъуэкIыныгъэ хьэлъэхэр къытхуихьу.

А псоми ядекIуфу, егъэджакIуэ,МурадыфIхэр

къыпхурехъу нэхуапIэ.

Шорэ Хьэсин

Хэти здэпсэу къуажэм, е абы и гъунэгъуу щысхэм я хъыбар гуэр ицIыхуным мыхьэнэшхуэ иIэу къы-золъытэ. Сыту жыпIэмэ, ар къуажэм и тхыдэм щыщ Iыхьэщ. Абы куэдым урегъэгупсыс, лIыщIыгъуэ кIуахэм щыIа дунейм утрешэри абы щыпсэуа цIыхухэм я гъащIэм, я псэукIам щыщ куэд уи нэгу къыщIегъыхьэ. Гупсысэ къабзэращ цIыхухэр зэзышалIэр, зэ-гъунэгъу зэхуэзыщIыр, зэгурызыгъа-Iуэр, гъащIэр езыгъэфIакIуэр.

АкъылыфIэу ди къуажэм щыпсэуа нэхъыжьыфIхэм лъэужь дахэ къы-тхуагъэнащ. ТыIэщ Мыхьэмэт, Аслъэ-ныкъуэ Шу, Гуэгуш Мурат, Маху Та-лустэн, Iэзэ Хьэмзэт сымэ зэрыжаIэ-жамкIэ, Хьэгъундыкъуей къуажэ-щIым Къэсей и псынэкIэ еджэу щIы-пIэ дахэ иIэщ. Ар ди къуажэдэс нэ-хъыжьхэм фIыуэ яцIыху, ауэ хьэбэз-дэс нэхъыжьхэм ящыщу а щIыпIэр зымыцIыхур куэдщ.

А цIэр фIащыным щхьэусыгъуэ хуэхъуауэ жыхуаIэр мыращ: Хьэгъун-дыкъуей къуажэр Iэдииху лъапэ къызэрытIысрэ куэд мыщIауэ, Къэсей Исмэхьил (ХьэжьыкъуэкIи еджэт), арат Къэсейхьэблэ къуажэр зи уна-фэм щIэтыр. Ар шы гъэхъуным хуэ-Iэзэ хъуауэ абы къыхих хэхъуэрат къуажэр нэхъыбэу зэрыпсэур.

ГъэмахуэкIэ илъэс гуэрым, Къэсей Исмэхьил Хьэгъундокъуэ Умар къе-лъэIуащ и шыбзхэр лъхуэмэ, хуаба-пIэ яхуэхъун хуэдэу шыщIэ хъупIэ, IыгъыпIэ тIэкIу иритыну. Апщы-гъуэм къуажэ унафэщIхэр зыхуэны-

къуэ гуэрхэмкIэ зэдэмыIэпыкъуу къа-гъанэтэкъым.

Къэсей зыщIэлъэIуам и жэуап Умар иримыт щIыкIэ, занщIэу губ-гъуэм дэкIхэри жриIащ: «Уэ, Ис-мэхьил, дэ мы дунейм пIалъэкIэ ды-щыпсэу щхьэкIэ, ар уэри сэри ды-дейкъым. Мыбы нэмыщIу нэгъуэщI дунейхэри щыIэу жаIэ, ахэр Алы-хьышхуэращ зейр, абыхэм ящыщу дэ ахърэт мащэ закъуэращ пыбзыгъэу диIэр...

КъыздэувыIам деж удз, жыглыц Iув зытелъ псыIэгъэм Умар Къэсей бгъэдишэщ, лъапэкIэ хипIытIэри, псы къыщIригъэващ: «КъомыхьэлъэкIыу мыр къегъэтIи, цIыхухэмкIи Iэщ-хэмкIи псы пхуэхъунущ, гъэмахуэм щIыIэтащ, щIымахуэми щтыкъым, урижьыщIэнкIи урипщафIэнкIи пы-лъхьэ иIэкъым. Ауэ Бэчбий псы щхьэкIэ удэмыхьэ, ар гурыхькъым. Уэ уикIыжа нэужьи «Къэсей и псы-нэ» жаIэу уи цIэр абы къытенэнщи, лIыщIыгъуэ куэдкIэ зэрихьэнщ».

ЗэрыжаIэжамкIэ, Бэчбий мэзым ирашурэ а щIыпIэм и дыгъафIэм шэщ кIэращIыхьащ. Лъхуэну шыбзи-щэ яхуати, шыщIищэ ящIэсу гъатхэм пасэу икIыжащ.

Аращ псынэм теухуауэ абы и хъыбар нэхъыщхьэу щыIэр. Хьэ-бэздэсхэм ящыщу а щIыпIэр хэт илъагъуну хуейми сэ фесшэлIэфы-нущ.

Зытхыжар

Шорэ Хьэсинщ

ГъукIэкъул Даут

АдыгэщI фызабэ ХамыгъэкI гумэщI, Бэв щIэхъуэпс Iэгу щабэЗижэгъуей гуэн нэщI. Уи мэз пщэц домбейхэр

ИращIыкI, яфыщI, Уи псы уэр къубейхэр Пыхьэу ягъэжэщI. Пхуиусыжкъым усэХьэщIэ къыпхуэкIуам, Нейр къыхуащI шу гъусэ Уи бын ефIэкIуам. ЖьэбзафIэ гу нэфхэм УащIыпащ джэгуэн, Хьэ шхэща гъэфIахэм Пхуадыжащ джэбын. ИтIани адыгэпсэм

Къимыгъанэу лъэкI, ЩIокъу къэхъуж уи лъапсэм Хилъхьэн хузэфIэкI. Уи блэкIам и яжьэмДыхэсщ, зэIыдощIэ, Ещхьу джэду жьажьэ ЩIэупхъуам зи пащIэ. Ауэ сэ согугъэр Лъэпкъыр къэхъужыну, Къуагъэхьа и дыгъэр И Хэку щепсыжыну.Пшынэ макъ дымахэр,ЖьафIэу псэлъэжыну, Уи бын хьэулеяхэм Хъер джэгу пхуащIыжыну!

( УсакIуэ АбытIэ Хъызыр и фэеплъу)Ныбжь уагъэкIэ псыщхьэр ириIэу,Гуэл лъащIэм дзэл жыгыр щIоплъыхь,ГухэщI зым дунейм хуримыIэу,Ар гъэ IэщIыб хъуахэм йопщIыхь.Щоушэр а жыгым и щыгум,Пщэдджыжьым бзу, зигу дэушар.Щопсэху жьауэм щIэсу и лъэгум,ЦIыху, зигу гумэщI хэт, езэшар.Абы дыгъэ бзаджэм щехъумэр,УдзыпцIэ, и щIагъ къыщыкIар.Хегуашэ хьэуам гуэл псыIэмэр,ФIэмIащIэу и жьауэм лъэкIар.ЩIэнэцIкъым ар зым и щытхъупси-ЖимыIэ Iэтыпхъэу си щIыхь,Жумартхэщ и тхьэпи, и къуэпси,Псэ гъафIэщ зимыIэщ гуэныхь.Сэ сощIэ а жыгым ещхь къабзэу,УсакIуэ мы щIым щыпсэуа,Нарт щылъхуу, зи напэр къабзабзэу,Лъэпкъ щIыхьым бауэху щIэбэна.ХузощI а тхакIуэшхуэм сэ щхьэщэ,Тхьэм хуищI и ахърэтыр жэнэт!ХуэсщIынт щIы тепIар дыщэ пщIащэ,СхуэлъэкIтэмэ-Уэр си щыхьэтщ!Хъызыр, уэ гъуэгу нэху сытепшащи,Ар скIунщ сэри си лъэр щIэуэху.Сэ слъэкIыр ди нобэм аращи,Уилъынущ сигу,къуэш, сыбауэху.

Къэрал Iуэху иджы уолэжь... Бгыр щIэкъузи, екъу, щIалэжь! Дэдзыха уиIэныр фIыщ, — КъыпхуэфыщIу хъуар къэфыщI.

КъыпхужаIэми «нэжэс», А IуэхущIапIэм яфIыщIэс. «Си Хэку» жыпIэу зумыухыж, Зегъэуби уи бын пIыж.

Лъэпкъ Iуэхуращи, икI и ужь, МылъкукIэ нэхъри зафIэужь. Ахъшэ куэду зэхуэтхъус, — Къатех ефэхэм хьэнтхъупс»

Нэхъ зылъэкIхэм жаIэр щIэ, ЗадегъэкIу... Уи напэр щэ. ИкIи хэлъмэ уи фейдэ, ЕпцIыж псоми... Сыт, атIэ?!

У-политикщ уэ иджы, Узыхуей лъэбакъуэр чы! Хейр, ухуеймэ, фIейм хэкухь, Мысэм «къабзэу» къегъэкIухь.

Хэт ауан укъыхуэщIын, ИкIи хэт къыппэлъэщын?! Жылэм жаIэм уемыдэIу, Уигу зыхуэплъым банэ хэIу...

Мыр лъэпкъ хъужынт, зэгуэрым дэ дыхъуамэ,

Тхьэусыхэныр тхуэмыхъуам хьэл-щэн,

Щхьэусыгъуэшхуэ щхьэхуэхэм мыхъуамэ,

Адыгэ дыхъужынкIи къэмынэнт:

Зым хуохъу зэран хэхэсу зэрыпсэур,Адрейм и Хэкуми

«къыщегъуэтыр» лъэхъу, Ди гугъэ гъэш гъэпщтар

зэгуэрым пцIэуэ,Ар зышх щIэблэщIэр

лъэпкъ хъужын къытщохъу.

Дыделэрэ ди фIэщрэ къыпхуэмыщIэу,Лъэпкъ тхыдэр

догъэныщкIури дызэхэсщ, ЦIыхухъу щIагъщIэлъ утыкум щыдожьыщIри,

«Щхьэусыгъуэшхуэу» диIэр тхуIуахамэ,

КъэтцIыхужынут Хэку зэхэфыщIар…

Тхьэусыхэныр ди дуней бэракъыу

Зэгуэрми тхуэщIыжынукъым

IутIыж.ДахагъэкIэ зы лъэпкъ зэхуашэсакъым,

УдынкIэ лъэпкъыр - лъэпкъ зэрыпхуэщIыжщ!

Дэ тхыдэ диIэт, димыIэжыр лъэпкъырщ.

Хэкужьи диIэт, дызэхуэсыжам.

Лъэпкъ дыщыхъунур - тхущIиудмэщ жьэпкъыр,Ди щIэблэ къытщыгугъыу,

дгъэпцIэжам.

Дыгъэм нихусауэ щIым и нэзым,Пшэплъыр къыпыщэщу йощэтэх.Ар ещхьу Iуэху фIэмыфIым ирагъэзым,Уафэ куэбжэр жэщым хузэIуех.

Хы Iущащэм и макъ зыхищIауэ,Мазэ жейбащхъуэнэр къожьэ гъуэгу.Абы и нур напIэр зэщIихауэ.ЩIылъэ щхьэукъуам йоплъыхь и нэгу.

Гушхуэпауэ къуейщIей вагъуэ цIыкIухэм,Бзийхэр хьэуа къабзэм щыракъухь.Псэху зимыIэу псалъэ хы толъкъунхэм,Нэпкъ зылъэмыIэсхэр зэпаплъыхь.

Сэри сыригъэру жэщ уэм дахэм,Шапсыгъ лъахэр гукIэ щIызощыкI.Уащхъуэ цIыхухэм тыгъэ къытхуищIахэм,Сахьэхуауэ псэкIэ щIызоплъыкI.

ЩIызоплъыкI дахагъэ, Тхьэр щIегъуэжу,Си лъэпкъ къурмэныпхъэ зыхуищIар.Нэхъ нэпсей, нэхъ лъэщыр игъэпэжу,Хейр лъэгущIагъ лейзехьэм щIыхуищIар.

Арами блэкIынщ си лъэпкъ и бжьыхьэр,И тIэпIыгъуэ гъатхэм IущIэжынщ.И нэ фIэбэу и жэгъуэгъу лейзехьэм,Хэку гъэдахэ Iущхьэу гъэгъэжынщ.

Дуней жыхуаIэр имылъагъуу Гъэр дыдэу яIыгъам нэхъей, Къарууэ иIэр игъэлъагъуэу Шылэр щоджэгур мы дунейм. Мис а зэманым зэблэкIауэ, Къэрал сэлэтхэр

зэлъыкъуэтщ, ЩIым и зэманым

къилэжьауэ, Ар и тепIэнхэм тыншу хэлъщ. А лъэхъэнэм

дохутыр уи адэм Сымаджэр ажалым кърегъэл, Быныбэ хъуауэ уэ уи анэм Къыуетыр къуэш,

сабий дыгъэл. УэрэдкIэ уи шыпхъу дакIуэм И джылъхэр уву щыгъын ед, Сыбыр щыIэ уи зы къуэшым Мыл къатхэр

кхъухькIэ зэгуеуд. А Шылэ мазэм

жьыуэ къепщэр ЩIы-анэм щхьэщыту

егъэжей, Ену зыщыгъым

мамыр фащэр Хуосакъ и гъащIэу

мы дунейм. ЛэжьакIуэм я гур

нэхъ зэгъауэ Къэралри хъуауэ

нэхъри лъэщ, Хэт зэпщIыхьари

хъер хуэхъуауэ Дунейм и зы

махуэ и нэху мэщ.

ТХьэгъэПсэуХэ увжыкъуэЖей Iувым дыхэту, пщIыхь Iейм

дыхэмыкIыу, Ди гъащIэр Хэкужьым

щокIуасэ. Къайгъэншэу, жыIэщIэу, бзэджагъ дигу

къэмыкIыу ЛIыщIыгъуэм

щIигъуауэ дагъасэ.

КъыкъуэкIкIэ мазэщIэр, ар дыгъэу мыхуабэ,

И нурхэм къигъэплъкъым

щIы щхьэфэр. Гугъэншэ ящIахэм

я бынхэр яхуапэ ЦIыхугъэкIэ, къищми

я щIыфэр.

Зэтретхъуэ зым мылъкур, аращи

и Iэщэр, Щыхуейм ирепхъыхь

зэштегъэууэ. Адрейр зэман ткIийм къыпфIегъэщI

едэхащIэ... Гугъу йохь, тхъэуи

фэ зытрегъауэ.

Йокъу цIыхухэр... Ерагъыу къалэжь

мылIэ Iусым Унагъуэр ирапI,

ящI нысашэ. Гъаблэгу къэзыщтауэ къашха мылъкум

къуэсым ЗащIыну пылъщ

дэнэкIи пашэ.

Абыхэм ямыщIэ ЛЪЭПКЪ ХАБЗЭМ

и уасэр, ЯмыщIэ щыIэххэу

УСАКIУЭ. ЯмыщIэ зи ПСАЛЪЭКIЭ

быныр ягъасэр, КъызэрытрапIэнури

щIакIуэр.

«Къулейр хэт?», - зыгуэр еупщIати

лIы Iущым: «Зыхурикъуращ», -

къитащ и жэуапыр... И напэр къуигъапщкIуэу мылъку Iыхьэм

хуэлIыщIэм Зэгуэрми из хъункъым

и жыпыр…

БемырЗэ Зураб

Къухьащи си дыгъэр, кIыфIыгъэм сокIурэхыр, Къысщохъур сыщIэлъ абрэмывэм и щIагъ. Адэжьхэр къотэджри къызжаIэ: зэхэпхрэ – Адыгэ сабийхэр хамэбзэкIэ магъ.И узыр иусу си лъэпкъыр хьэдагъэщ, Зыр гугъэм хуолъхуащIэ, зыр хамэм холъхухь. Ди гуауэм хуэтщIа мывэ сыным и щIагъым ЩIэблэщIэр зырызурэ тфIыщIепIытIыхь.

Нэхъыжь къэушахэм утыкур я лIыгъуэщ, НэхъыщIэ къэнахэм нып щIагъыр я уджщ. Уи тхыдэр щыхущхъуэр – къэкIуэнум дэщIыгъумэщ, Арыншэу, ар лъэпкъыр зыгъалIэ щхъухь дыджщ.Къухьащи си дыгъэр, кIыфIыгъэм сокIурэхыр, Гур щхьэлу ежьащи, си узыр ехьэж. Адэжьхэр къотэджри къызжаIэ: зэхэпхрэ? Хамэбзэ дыуэщIкIэ адыгэр щIалъхьэж...

КъысфIэщ «Убых», си Хэкум сиукIыхьи, Си хьэдэ къупщхьэр яжьэу ипхъыхьыж, Хы фIыцIэ Iуфэм си лъыр IугъэпцIыхьи, Псы фIыцIэ щIагъым си дунейр сфIэхьыж.

КъысфIэщ «Жаней», «Шапсыгъ», е «Абэзэхэ», ЕкIуалIэпIэншэу къуэхэм сыдэгъэт, Бын къэзмылъхуахэм я кIий макъ зэхэсхыу, Си лIэкIэр яхуэщIыж гущэкъу уэрэд.

КъысфIэщи «Къэбэрдей», сыпхуимыкIуэтмэ,

ТопышэкIэ си къупщхьэр икъутыхь, Лъэпкъ сыпфIэхъужу, си щхьэр къыпфIэсIэтмэ, Си быным я лъыр Хэкум игъэжыхь.

КъысфIэщ «Хэхэс», блэкIар си жьы Iубыгъуэу,Кавказым сыхуеплъэкIыу сыгъэпсэу. Си гуауэ фIыцIэм жылэр къыхуэщыгъуэу, Хьэжыгъэу сыхэхьэжэ дуней псом.

Махуэр хощхьэжри, жэщым холъыпэ,

Псалъэ щIыбагъыр ноби щыхупIэщ,

Гъуэгуанэ щитIым сэ сыхоIэбэ,

Мазэ щхьэ закъуэм нэщIщ и Iэгъуапэр

Си гум хуэдэну.Сыт узылъыхъуэр? Псыжь къыIухьакъым нартхэ я шыхъуэр, Мывэ даутыр зэгуэудакъым, Нартхэ я лIыхъур щIым къытехьакъым. Еорэ махуэу жьыбгъэр блэрышэщ, Марыхъу здэмыхъум, марыбзыр лъышэщ. Дапщэ иджыри уиIэр гъуэгуанэу, КъигъэIущыхукIэ лIыхъур и анэм?

ЛIыгъэм и ныбжьыр блэм ишхыжыхукIэ, Уи цIэр псэхэхым игъэныщкIухукIэ... ГъэпцIагъэр хабзэу лъэпкъ зыхуэхъунум И лIыщхьэ дапщэ уи ужь фIэхунур? Сыт къыжепIари Сос и къуэ кIасэм Хьэдрыхэ лъагъуэм ныщытригъазэм? Махуэр хощхьэжри, жэщым холъыпэ, ГъащIэ щIыбагъыр ноби щыхупIэщ. Гъуэгуанэ щитIым сэ сыхоIэбэ, Хэкужь шу закъуэм нэщIщ и Iэгъуапэр.

Абдежми адэжь лIыгъэр щыдотIэщI.

«УунэIутщ» зыжепIэм зегъэгусэ,

БжэIух-бжэхуэщIу ихьми къигъэщIар,

Хамэ бжэщхьэIум щыхьэмбыIуу Iусу,

ЛэжьапIэ хуэхъужами Iэ ущIар.

«Уи Хэку ицIыхурэ узэрыадыгэр?»-

ЖепIам хэхэсым и жагъуэшхуэ мэхъу,

Ядэжьхэм къащыщIа я тхьэмыщкIагъэр

Езыми гъыбзэ фащэу зыхуегъэхъу.

Дыадыгэнут дагъэадыгамэ,

Хэкужьми, хэхэсыщIми къинэжар,

КъысфIэщ «Хьэжрэт», абрэджу сехужьэжи, Шэгыныр лъым хэмыкIыу сыгъэкуэш, Си щIэблэ щхьэмыгъазэр пхуэмыгъэшым, Мывалъэ къуакIэбгыкIэм сыдэхуэж.

Уи зауэми, уи гуауэми сыкъелмэ, Нып плъыжьхэм я нэхъуейм сыдэгъэгыз, Нэф къэплъэжахэр си хьэдащхьэм елъэу, Пщы-уэркъхэр егъэщIыж факъырэм Iус.

Хэхьэж зэманым, диным, гъащIэм, цIыхум, А псом къыхэкIыжа си лъэпкъыжь гуейр, Сыт къысфIомыщми, ди Тхьэ, Адыгэлъым ЕгъэткIури ер, къытонэр мы дунейм.

Я щIыгум IэбжьанипщIкIэ зыхащIауэ Хуопсэури Хэкум, щхьэр хуагъэтIылъыж. Уи гъейми, еми, гъаблэми къелауэ, Адыгэ ныпыр уафэм хуаIэтыж.

Page 4: и 12 лъандэрэ къыдокI Черкесияcherkes-haky.ru/wp-content/uploads/2017/09/86-26.10.2017.pdfЧеркесия 1924 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым)

Теддзэ тхыгъэхэм къы-щыхьа бжыгъэхэм, щапхъэ-хэм, къыщыIэта Iуэхугъуэ-хэм, цIэ-унагъуэцIэхэм я пэжагъымкIэ ахэр зытхахэм нэсу жэуап яхь.

Авторхэмрэ редакцэмрэ я Iуэху еплъыкIэхэр зэтехуэ зэпыту щыткъым.

Редакцэм тхыгъэу къы-Iэрыхьэр къанэ щымыIэу тридзэну, Iэрытхри абы те-ухуа жэуапри къэзытхам иритыжыну пщэрылъ зы-хуищIыжкъым.

369000, КъЧР,Черкесск къалэ,КировкIэ зэджэ

утыку, № 23,Печатым и Унэ,

е 3-нэ къат.

Газетыр щытрадзащ ООО "Издательство "Южный регион", Ставрополь край, ЕсэнтIыгу къалэ, Никольскэ уэрам, 5 а.

Газетыр къизытхыкIхэм яIэрегъэхьэ КъЧР-м пощт зэ-пыщIэныгъэмкIэ и федеральнэ Управленэм, тел. 20-04-13.

ТЕЛЕФОНХЭР:

приёмнэм — 26-36-00, редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэм - 26-36-14, жэуап зыхь секретарым - 26-36-27,операторым-26-34-50, бухгалтерием-26-36-29.

E - maiI: [email protected]

Ди сайтыр: www.cherkes-haky.ru

Мы къыдэкIыгъуэм елэжьащ: жэуап зыхь секретарь АБИДОКЪУЭ Люсанэ, корректорхэу МУССЭ Зуридэ, ГУНДЭХЪУ Аня, оператор АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ.

Редакцэм и хэщIапIэмрэгазетыр здагъэхьэзырымрэ:

Индексыр 54044-щ.КъыдэкI бжыгъэр 3200-щ.Зак. Газетыр тедзэн хуейщ: графиккIэ — сыхьэтыр 17:00-м, щытрадзар — сыхьэтыр 17:00-м.

1924 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым) и 12 лъандэрэ къыдокI

КъЧР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я газет Газета Парламента и Правительства КЧР

Газетыр 2010 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 9-м Урысей Федерацэм зэпыщIэныгъэ лъэныкъуэхэм, хъыбарегъащIэ технологиехэм, цIыхубэ коммуникацэхэм кIэлъыплъыным-кIэ и Федеральнэ къулыкъум и Управленэу КъЧР-м щыIэм щыщIатхащ.ЗэрыщIатха тхылъыр ПИ № ТУ 09-00028Р-кIэ къыщIедзэ.

РЕДАКЦЭ СОВЕТЫМ ХЭТХЭР:Шэрджэс Алий, КIыщмахуэ Мадинэ, Молэ Рэшид, Аслъэн Алий, Хъупсырокъуэ Алий.

РЕДКОЛЛЕГИЕМ ХЭТХЭР:Редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Езауэ Маринэ,

жэуап зыхь секретарь Абидокъуэ Люсанэ, отделхэм я редактору Бемырзэ Зураб, Туаршы Ирэ.

Редактор нэхъыщхьэ ТХЬЭГЪЭПСЭУХЭ Увжыкъуэ ФщIэн папщIэ Ди хэщIапIэр

4 № 86 (13242) 2017 гъэ, жэпуэгъуэм (октябрым) и 26

КъЧР-р илъэс 25-рэ щрикъум

23.10.2017 г. был проведен конкурс по отбору кандидатов на заме-щение должности Главы администрации Кош-Хабльского сельского посе-ления. По результатам конкурса, статус кандидатов на замещение долж-ности Главы администрации Кош-Хабльского сельского поселения полу-чили Папшуов Азамат Ахмедович и Бьюков Аслан Русланович.

По решению Совета Кош-Хабльского сельского поселения Главой ад-министрации Кош-Хабльского сельского поселения был избран Папшуов Азамат Ахмедович.

Приложение: Решение Совета от 23.10.2017 г.

В соответствии с Федеральным законом от 06.10.2003 № 131-ФЗ "Об общих принципах организации местного самоуправления в Российской Федерации", статьей 36 Устава Кош-Хабльского сельского поселения, Совет Кош-Хабльского сельского поселения по результатам открытого голосования

Адыгэ-Хьэблэ район ад-министрацэм мы гъэм жэп-уэгъуэм (октябрым) и 28-м бжьыхьэ жармыкIэ зэры-ригъэкIуэкIынумкIэ хъы-бар фегъащIэ. ЖармыкIэр сыхьэтыр 8:00-м, Адыгэ-Хьэблэ къуажэ купсэ уты-кум щызэхэтынущ.

Республикэм щылажьэ хъызмэтхэр, къыщIэзы-гъэкI, елэжь предприятэ-хэр псори, республикэм щы-псэухэр жармыкIэм фы-къыдогъэблагъэ.

ЖармыкIэм сату щызы-щIэнухэм хъыбар къыдэв-гъащIэ мыпхуэдэ телефон-хэмкIэ:

Щэбэт кIуам, жэпуэгъуэм (октябрым) и 21-м Чер-кесск къалэм, Тургенев бэ-зэрыр щиIа щIыпIэм, бжьы-хьэ жармыкIэр щекIуэкIащ.

ЖармыкIэм хэтыну къе-кIуэлIащ республикэм и районхэм щылажьэ мэкъу-мэш хъызмэтхэр, уней хъызмэтхэр, хыхьэхэкI Iуэ-хущIэхэр, мэкъумэш про-дукцэм елэжь предприя-тэхэр, Ищхъэрэ Кавказ хэ-гъуэгум къикIа сатуущIэ куэд. Пэрыхьэту ящащ ерыскъыхэкI, мыерыскъы-хэкI продукцэ зэмылIэу-жьыгъуэ куэд. ЩIымахуэм зыхуагъэхьэзыркIэрэ, къа-лэдэсхэми, республикэм щыпсэухэми лъэкIыныгъэ яIащ зыхуэныкъуэну псо-ри, зы щIыпIэм деж щы-зэхуэхьэсауэ, нэхъыщхьэ-ращи, бэзэр уасэхэм нэхъ-рэ нэхъ пуду зыIэрагъэ- хьэну. Щахуэхэми, зыщэхэ-ми мыпхуэдэ сату зэхы- хьэшхуэхэм я сэбэп хэлъщ. СатуущIэхэм продукцэ нэ-хъыбэ пхырагъэкI, щэхуа-кIуэхэм нэхъыфIу къацIыху. Апхуэдэу, Къэбэрдей-Балъ-къэрым къикIа хьэщIэхэм, Къардэнхэ, я гуапэу къыд-жаIащ мыр етIуанэу жар-мыкIэм къызэрыкIуэр.

— Нэгъаби дыкъра-гъэблагъэри сату щытщIа-уэ щытащ ди къуэш Къэ-рэшей-Шэрджэсым. Апщы-гъуэм куэдым ди мыIэры-сэр ягу ирихьауэ, иджыри

дыкъакIуэмэ я гуапэу зы-къытхуагъэзащ. Дэри ди гуапэ мыхъукIэ къэнакъым ар. Мы гъэми хъыбар къы-щыдагъащIэм, жармыкIэм дыхэтмэ тфIэфIу дыкъе-жьащ. ЖыIэпхъэщи, псом-кIи дыарэзыщ, жармыкIэр тыншу къызэгъэпэщащ. Къытхуэарэзымэ, дахуэарэ-зыщ. Мыбы ипэкIэ Нэгъуей районым щекIуэкIа жар-мыкIэми дыхэтащ, дяпэкIэ адрей районхэм щыIэнухэ-ми дыхэтын ди гугъэщ, Тхьэм жиIэмэ, — къыддэ-гуэшащ Къардэн зэщхьэ-гъусэхэр.

Къыхэгъэщыпхъэщи, Къэ-бэрдейм къраша мыIэры-сэхэр напIэзыпIэм зэбгы-рахащ, я уасэр, бэзэрым къыщымынэу, жармыкIэм къыщекIуэкIхэм нэхърэ зэ-рынэхъ цIыкIур апхуэдэ щытыкIэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хъуащ. АтIэ, хэти зыIэримыгъэхьэнрэт сом 25 нэхъ и мыуасэ мы-Iэрысэ тхъуэплъышхуэхэр?!

ЖармыкIэр щIидза къу-дейт Эркен-Щыхьэр фо-шыгъущI заводым маши-нэшхуэкIэ къиша фошы-гъур къэпкIэрэ цIыхухэм щызэбграхам. Яхэтащ къэп тIурытI-щырыщ Iузышаи.

Лыр, лыхэкIхэр, нэкулъ зэмылIэужьыгъуэхэр куэду сату утыкум кърахьащ Георгиевск лыхэкI къы-щIэзыгъэкI предприятэм, «Кавказ-мясо»-м. ЖыIэ-

пхъэщи, ди хэгъуэгу сатуу-щIэхэм къинэмыщIауэ, къе-блэгъащ Ставрополь, Крас-нодар крайхэм, Къэбэр- дей-Балъкъэрым, Адыгейм къикIа сатуущIэхэри икIи абыхэм къашэ ерыскъы-хэкIыр зыгъэунэхуа щэхуа-кIуэхэм къагъуэтыжурэ жыджэру сату ящIащ.

ЖармыкIэм ехьэлIа и гупсысэхэмкIэ къыддэгуэ-шащ КъЧР-м мэкъумэш хъызмэтымкIэ и минист-рым и къуэдзэ Эркенов Исмэхьил:

—Гъатхэ, бжьыхьэ жар-мыкIэхэр илъэс къэскIи

къум тедухуащ. Абы ипкъ иткIэрэ, сатум сатуущIэ нэхъыбэ къыхэтшащ, хэ-гъуэгу зэхуэмыдэхэр къед-гъэблэгъащ. ЩэхуакIуэхэ-ри куэдыкIейщ. Хьэлэмэту дунейми зызэIуибзыжащи, ари жармыкIэм нэхъри зи-убгъуным щхьэпащ. Къинэ-мыщIауэ, жармыкIэм сыт щащэми, уасэхэм процент 15, уеблэмэ, процент 25-рэ кIэрызыгъэхуахэри щыIэщ. Гу лъыфтагъэххэу къы-щIэкIынщ: жармыкIэр зэ-рыщIидзэрэ сыхьэт ны-къуэщ текIар, ауэ машинэ куэд яунэщIагъэххэщ, са-тур зэфIагъэкIауэ токIыж. Лыуэ илъэскIэ жармыкIэм тонни 5 къытрашэу щыта-мэ, мызыгъуэгум тонн 11 сатум кърашэлIащ. Зэра-щэхум уеплъмэ, зы сы- хьэткIэ лыри зэбграхыну къыщIэкIынщ. ЩIэупщIэр и куэдщ. Уасэхэр бэзэр уасэхэм куэдкIэ къазэры-щхьэщыкIыр абы щхьэмы-пэкIэ къанэкъым. Жармы-кIэм сыт щащэнуми, вете-ринар, санитар къулыкъу-хэм щIаплъыкIащ, арэзы-ныгъэ, дэфтэр иратащ. Гу-рыщхъуэ уэзыгъэщIын, сер-тификат зырамыта зыри жармыкIэ сатум къытред-гъэхьакъым.

280-м щIигъу сатуущIэ хэтщ нобэрей жармыкIэм. Къапщтэмэ, зэры Ищхъэрэ Кавказу къекIуэлIащ жы-пIэ хъунущ: Ставрополь,

районым къраша лым, «Южнэ» комбинатым, При-кубан районым и пхъэщ-хьэмыщхьэхэм, гуэдзхэкI-хэм, фошыгъум уасэхэр фIыуэ зэрыкIэрагъэхуар.

КъинэмыщIауэ, мы гъэм жармыкIэр нэгъуэщI щIы-пIэ зэредгъэкIуэкIыр Iуэ-хум щхьэпауэ къызолъы-тэ. Iэхуитлъэхуитщ, маши-нэхэр тыншу зэблож, цIыху-хэри нэхъ тыншу зэблокI. КъинэмыщIауэ, машинэ зе-кIуапIэри, къэувыIэпIэхэри (остановкэхэри) гъунэгъу-щи, хьэлъэхэр жыжьэ яхьын къахудэхуэнукъым.

Республикэм мэкъумэш хъызмэтымкIэ и Минис-терствэм и IэщIагъэлIым зэрыжиIащи, жармыкIэхэр жэпуэгъуэм и кIэм нэгъу-нэ республикэм и дэнэ райони щекIуэкIынущ. Абы-хэм районхэм зэрыхэтар, зэрызыхуагъэхьэзырар, гуа-щIэу ирахьэлIар къапщы-тэжынущи, нэхъыфIыр къы-хагъэщынущ, фIыщIапщIэ-кIэ и цIэр ираIуэнущ.

ЖармыкIэм и къызэ-гъэпэщакIуэу щыта Чер-кесск къалэ мэриемрэ рес-публикэм мэкъумэш хъыз-мэтымкIэ и Министерст-вэмрэ жэуаплыгъэ лъагэ яхэлъу бгъэдыхьащ сату Iуэхум. Абы сатуущIэ куэд къызэрырагъэблэгъам къи-нэмыщIауэ, ахэр зыхуэны-къуэ псомкIи къызэрагъэ-пэщащ. Махуэ еным ха-

идогъэкIуэкI. Мыгъэрей жар-мыкIэхэр ипэкIэ щыIахэм къащхьэщокI: ар респуб-ликэр илъэс 25-рэ зэрыри-

Пятигорск, Краснодар, Дон-Iут-Ростов, Железноводск, Георгиевск, Къэбэрдей-Балъ-къэр… Си гуапэщ Къэрэшей

Мы махуэхэм адыгэ газетым и ре-дакцэм къыщIыхьащ «Черкес хэку» -м и щIэджыкIакIуэ пэж, республикэ къа-лащхьэм щыпсэу Лъэпсырыкъуэ Любэ.

Бзылъхугъэ гуакIуэр къыщIытхуеблэ-гъам щхьэусыгъуэ хуэхъуар махуэ зы-бжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ адыгэ телевиде-нэм къигъэлъэгъуа нэтынращ. Ар зыте-ухуар ди лъэпкъым и журналист нэ- хъыжь Даур Жэхьфэрщ.

— Гъубж махуэм республикэ телеви-денэм и адыгэ редакцэм къитащ адыгэ журналистикэм илъэс 50-м щIигъукIэ хэ-та, «Черкес хэку» газетым щылэжьа, но-би журналист лэжьыгъэр IэщIыб зымыщI, къызыхэкIа лъэпкъми, зыщыпсэу рес-публикэми я жылагъуэ гъащIэм жыджэ-ру хэлIыфIыхь ди нэхъыжьыфI Даур Жэхьфэр и гъащIэм, и къекIуэкIыкIам теухуа нэтыныр, — къригъэжьащ и псалъэр Любэ. — Хуабжьу сигу ирихьащ журналист Кушпэ Маринэ Жэхьфэр зэ-рызыхуигъэза упщIэхэр. Хэбдзыну зы хэлъакъым...

Псом хуэмыдэу къыхэзгъэщыну сызы-хуейр адыгэм ди хабзэхэм теухуауэ Жэхь-фэр утыку кърихьа и гупсысэхэращ. Зэуэ жысIэнщи, Даурым жиIауэ хъуам арэзы сытохъуэ. Уеблэмэ щIызгъужыни сиIэщ.

Жэхьфэр къытепсэлъыхьащ лъэ-пкъым къыдекIуэкIыу щыта гъэсэны-гъэм, ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгу-рыкIуэ хабзэхэм нэмыплъ зэреттым. Апхуэдэу, Жэхьфэр къызытеувыIа Iуэ-хугъуэм щыщщ нысэишыжхэр зэрыра-гъэкIуэкI щIыкIэр. «Унагъуэм унэ зэ- тет ищIами, сыткIэ лъэкIыныгъэфIхэр къуэлъми, нысэишыжхэр шхапIэм щащIу кърагъэжьащ. Ар хуабжьу емыкIушхуэщ икIи хуабжьу си жагъуэ мэхъу. Нысэ къы-

щыпхуашэкIэ «лъапэ махуэ къыпхури-хьэ» жаIэри къохъуэхъу. Уэ нысэр пщIан-тIэм щумышыжу, шхапIэм уошэ, джэгур пщIантIэм дыбох!..

Ди Iыхьлыхэм нысэ къашауэ срагъэблэ-гъати, я пщIантIэм зэрамыщIынур къыщыз-жаIэм, сахуэкIуакъым» — жиIащ Жэхьфэр.

Арэзы сытохъуэ нэхъыжьым и гуп-сысэм. Псори къызгуроIуэ, щыIэщ пэш къызэмэщIэкIхэри… Ауэ гъэщIэгъуэныр аракъэ, мылъкуи, лъэкIыныгъэфI зиIэхэ-ми нысашэр шхапIэм щащIмэ нэхъ къы-хах… Унэ, пщIантIэ уиIэу сыт уи хъерыр абы щIыдэпхын хуейр? Жэхьфэр хуэдэуи, сэри сигу къоуэ а щытыкIэр.

НэгъуэщIу, нэхъыжьым жиIам щIыз-гъужынщи, лIэныгъэм, сэдэкъэ щIыным пыщIа дауэдапщэхэри шхапIэм щызэфIа-хыу кърагъэжьащ. Ар сыт емыкIушхуэ! Ар зэрымытэрэзыр жысIэн щыщIэздзэкIэ, къызодауэхэ, «ефэндыхэм ядэ, мытэрэз-мэ, щхьэ жамыIэрэ?»… къызжаIэ. Жагъуэ хъур аращи, апхуэдэ мыхъумыщIагъэр зыдэслъагъур ди лъэпкъыращ.

Гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ лъэпкъыр лъэныкъуабэ дыхъуащ. Нобэ дэ зыдмы-гъасэмэ, ди сабийхэр апхуэдэ Iуэху мыхъу-мыщIэхэм щIэтпIыкIмэ, гъэсэныгъэ тэрэз яхэлъу ахэр къэтэджыну?

Адыгэ фащэр щыгъыу лъэпкъым и къэкIуэнум, и нобэрей щытыкIэм гуиха-уэ ирипсэлъа, гупсысэ куу утыку къизы-хьа нэхъыжьым фIыщIэ хуэсщIыну, тхьэ-гъэпсэу жесIэну сыхуейщ. Хъунумэ, нэ-тыным еплъын хущIэмыхьахэр феплъмэ сэбэп куэд къыхэфхыну солъытэ.

Даур Жэхьфэр жиIа гупсысэхэм лъэ-пкъыр дытемыкIмэ, фIым дызэрыхуэ-кIуэнум шэч къытесхьэкъым.

АБИДОКЪУЭ Люсанэ

бзэхъумэ къулыкъухэри, ме-дицинэ дэIэпыкъуныгъэхэ-ри плъыращ.

ТУАРШЫ Ирэ

(87870)5-18-06; 5-19-64; 5-22-59; 5-10-76; 5-23-46; 8-928-392-53-68; 8-903-422-21-05.

ЖармыкIэ уасэхэр бэ-зэр уасэхэм нэхърэ нэхъ

мащIэу щытынущ. Ящэнущ мэкъумэш къэкIыгъэхэр, ерыскъыхэкI зэмылIэужьы-гъуэхэр, промышленнэ хьэп-шыпхэр. Апхуэдэщ лыр, лыхэкI-гъэшхэкIыр, гуэдзыр, Iэщ Iусыпхъэр, кIэртIофыр, пхъэщхьэмыщхьэр, хадэ-хэкIхэр, жыгыщIэ гъэтIы-сынхэр, нэгъуэщI куэди.

Къэрэшей-Черкесым щекIуэкIа, «День ходь-бы» Урысейпсо Iуэху-гъуэм цIыху мини 8-м зэрынэхьэсу хэтащ.

Спорт Iуэхугъуэр Чер-кесск къалэм и Iэхэлъахэм щыIэ Покровскэ паркым деж пщэдджыжьым сыхьэ-тыр 10-м къыщежьащ.

МарафонымкIэ къызэщI-рагъэубыдащ зи Iэпкъ-лъэпкъкIэ ныкъуэдыкъуагъ зыбгъэдэлъхэр, ныбжьыфI зиIэхэр, сабийхэр, зэщхьэ-гъусэхэр. Урысейпсо акцэм и мыхьэнэр ягъэщыпкъэу, марафоным хэтахэм кило-метри 3 зи кIыхьагъ гъуэгу къакIуащ.

Спорт Iуэхугъуэр зэ-фIэкIа нэужь, Правитель-ствэм и Унэм и утыкум хэгъуэгум и артистхэр зы-хэта концерт къыщызэра-гъэпэщащ.

Урысейпсо акцэм хэта-хэм захуигъазэкIэрэ, ма- хуэщIыр екIуу къызэрызэ-рагъэпэщамкIэ фIыщIэ пса- лъэхэр къыбгъэдэкIащ УФ-м и Олимп комитетым цIыху куэд къызэщIэзыубыдэ спор-тым зегъэужьынымкIэ и къудамэм и унафэщI Ха-мидовэ Наталье.

ИкIи, Урысей Федерацэм и Олимп комитетым и президент Жуков Александр къыбгъэдэкIа хъуэхъумкIэ хэгъуэгум щыпсэухэм за-хуигъэзащ.

— Япэрауэ, Къэрэшей-

Урысейм цIыху куэду къызэщIэзыубыдэ спортым зегъэужьыным хуэгъэзауэ Олимп комитетым зэфIих проект щэджащэхэм ящыщщ нобэрей махуэщIри. ИкIи, абы дызэрыхэтым мыхьэ-нэшхуэ иIэщ.

Си фIэщ хъууэ жызоIэ цIыхухэр дунейм узыншэу тетын зэрыхуейм, спор-

хыр куэд ищIынущ. «День ходьбы» ещанэ

Урысейпсо акцэм хэтахэм фIыщIэ ин фхузощI, узынша-гъэ быдэ, гукъыдэж, спорт ехъулIэныгъэфIхэм фыщы-мыщIэну сывохъуэхъу! — жиIащ Хамидовэ Наталье.

Фыщыдгъэгъуэзэнщи, мы гъэм «День ходьбы» ещанэ Урысейпсо акцэр зды-

рагъэкIуэкIыну утыкуу ягъэ-белджылар Къэрэшей-Чер-кесращ. Апхуэдэ унафэр УФ-м и Олимп комитетым къихьащ ди хэгъуэгум «Флагман Олимпийской страны» зэпеуэм текIуэ-ныгъэр щиубыдкIэрэ.

Урысейм деж «День ходьбы» Iуэхугъуэр къызэ-рагъэпэщ лъэсу зекIуэным цIыхухэр дегъэхьэхын, а Iуэхугъуэм куэду къыхэ-

Черкесым щыпсэухэм сы-вэхъуэхъуну сыхуейщ хэ-гъуэгур илъэс 25-рэ зэры-рикъуамкIэ! ФефIэкIуэну, узыншагъэ быдэ фиIэну, зэIузэпэщыныгъэ фыщы-мыщIэну сывохъуэхъу!

тым пыщIауэ къызэрытэ-джыпхъэм мыпхуэдэ про-ектхэр сэбэп зэрыхуэхъу-нур.

Абы къэралри, лъэпкъхэ-ри зэкъуигъэувэнущ, спор-тым, физкультурэм дихьэ-

шэн мурадкIэ.Япэ дыдэ Урысейм деж

мыпхуэдэ акцэр 2014 гъэм кърагъэжьауэ щытащ. Ду-ней псом деж мы Iуэху-гъуэр илъэс 20-м щIигъуа-уэ къызэрагъэпэщ, гъэ къэскIи къэрали 150-м къабгъэдэкIа цIыху мел-уан 12-м щIигъу къыхашэ.

АБИДОКЪУЭ Люсанэ

2017 гъэм щакIуэгъуэ (ноябрь) мазэм Адыгэ-Хьэблэ, Нэгъуей муниципальнэ районхэм «Фадэ зыIухуа води-тель» профилактикэ операцэр щрагъэкIуэкIынущ.

Мы Iуэхугъуэм и къалэн нэхъыщхьэр гъуэгухэм къыщыхъу машинэ зэжьэхэуэныгъэхэм пэщIэтыныр, фадэ зыIухуауэ транспортым итIысхьэхэр къыщIэ-гъэщынращ.

Къэрал автоинспекцэм и лэжьакIуэхэм фигу къа-гъэкIыж фадэ Iухуауэ гъуэгум техьэ водителым насы-пыншагъэ къызэрагъэхъур, абы цIыхухэм фэбжь зэры-хахыр, зэрыхэкIуадэр.

Фадэ зыIухуауэ гъуэгум техьэ водителым хабзэкъу-тэныгъэ хьэлъэ къегъэхъу, гъуэгум щызекIуэ ПДД хаб-зэхэр екъутэ. Апхуэдэ административнэ хабзэкъутэ-ныгъэм къыпокIуэ сом мин 30 тазырыр, къинэмыщIа-уэ, илъэс 1,5-2 хуэдизкIэ транспорт кърихуэкIыну лъэкIыныгъэ имыIэу ягъэпс.

Фигу къыдогъэкIыж: фадэ Iухуауэ апхуэдэ хабзэкъу-тэныгъэкIэ етIуанэ къаIэрыхьа водителым тралъхьэ тазырыр сом мин 200-300-м нэсащ. КъинэмыщIауэ, апхуэдэ хабзэкъутэныгъэ къэзыгъэхъуам сыхьэт 480-рэ «обязательнэ» лэжьыгъэу, е илъэситIым зэрынэхьэскIэ «принудительнэу» лэжьэну къытралъхьэ.

«Адыгэ-Хьэблэ» МОВД-м и ОГИБДД и лэжьакIуэхэм водителхэр къыхураджэ хабзэм емыбэкъуэну. Апхуэдэ хабзэкъутэныгъэм къыпэкIуэну насыпыншагъэр зыща-гъэгъупщэ хъунукъым.

Фадэ зыIухуауэ гъуэгум къытехьэ водителым шына-гъуэ ин къегъэхъу гъуэгум тет дэтхэнэмкIи: лъэсыры-зекIуэхэми, транспорт исхэми яхуэгъэзауэ.

Фадэ фIухуауэ машинэм и рулым фыбгъэдэмытIыс-хьэ!

АСЛЪЭНЫКЪУЭ Iэминат, «Адыгэ-Хьэблэ» ОГИБДД-м

пропагандэмкIэ и инспектор,полицэм и лейтенант нэхъыжь

Гъуэгу шынагъуэншагъэ

ФIыщIэ